Жылагъуэр зэрыузыншэм и щыхьэт

Мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр ­хъумэным и дунейпсо махуэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым концерт щекIуэкIащ, «Къэ­бэрдей-Балъкъэр» КъТРК-мрэ­ «Добрая среда» сабий анимацэ студиемрэ зэдагъэзащIэ псапэ Iуэхур зэрырагъажьэрэ илъэс щри­къум ирихьэлIэу.

Концертым къэкIуахэр экранымкIэ ирагъэплъащ илъэ­сым къриубыдэу цIыкIу­хэм папщIэ къызэрагъэпэща Iуэхухэмрэ пшыхьхэмрэ. 
- Сабийхэм я махуэшхуэм ири­хьэлIэу зэхагъэува концертыр зыхуэгъэза, ди къэ­кIуэнур, пщэдейр зыхуэдэнур зэлъыта, фIыуэ тлъагъу щIэблэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ сынывохъуэхъу гъэмахуэм и щIэдзапIэм дуней псом щагъэлъапIэ махуэш­хуэмкIэ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - Сабийхэм я Iуэху зэIумыбзхэм жыла­гъуэм гулъытэ хурагъэщIын папщIэ ягъэува махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къэралми республикэми лэжьыгъэ ин щрагъэкIуэкI цIыкIухэм егъэ­джэ­ныгъэ, медицинэ, спорт, нэгъуэщIхэмкIи зрагъэужьын пап­щIэ. Гулъытэ хуэныкъуэ ныб­­жьыщIэхэм яхуэгъэза проектыр къыхэзылъхьа «Къэ­­­бэрдей-Балъкъэр» ­Къ­ТР­К-­м и унафэщI Къэзанш Людмилэ фIыщIэ хуэфащэщ. Ди сабийхэр узыншэу, на­сы­пыфIэу, ехъулIэныгъэхэр яIэу кърырехъу!
КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат и псалъэм къыхигъэщащ сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ зэ­рырагъэкIуэкIыр жылагъуэр зэрыузыншэм зэрищыхьэтыр, хамэ сабий зэрыщымыIэр, дэтхэнэ зы цIыху балигъми абыхэм я нобэмкIэ, къэкIуэнумкIэ жэуаплыныгъэ зэрихьыр, проектым къыпащэну зэригуапэр. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкIыу са­бий­хэмрэ абыхэм я адэ-анэ­хэмрэ ехъуэхъуащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыу­­жьыныгъэмкIэ и министр Асанов Алим икIи фIы­щIэ яхуи­щIащ зи узыншагъэм къи­мыхь сабийхэр жылагъуэ гъащIэм къыхэ­шэным теу­хуа псапэ Iуэхум ехьэлIа лэ­жьыгъэр къызэ­зыгъэпэ­ща­­хэмрэ ар зыгъэ­за­щIэ­хэмрэ. 
Псапэ проектым зи ныбжьыр илъэс 12 иримыкъу сабий 30-м нэблагъэ къызэ-щIеу­быдэ. «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м бэрэжьей къэс сыхьэт 16-м йокIуалIэ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр. Абыхэм я узыншагъэр зэфIэувэжыным хуэсакъыу ядолажьэ IэщIагъэлI Османов Ислъам. Сабийхэм я сурэтхэмкIэ анимацэ фильм­­хэр ягъэхьэзыр. Я эмблемэр яхуэзыщIар сурэтыщI Аккизовэ Имарэщ. Нэхъыщхьэр сабийхэр гъащIэ узыншэм къыхэшэнырщ, су­рэт щIыным дихьэхахэр зэ­пэIэщIэу зэдэлэжьэ­фынырщ. Япэ мазэхэм сабийхэр тIэкIу гугъу ехьми, иужькIэ Iуэхум хозагъэ. 
Къэзанш Людмилэ и псалъэм къыхигъэщащ проектым ехьэлIауэ зыхуагъэувы-жа къалэнхэр къазэре­хъу­лIар, сабийхэм я узыншагъэр зэ­фIа­гъэувэжынымрэ гъащIэ узын­шэм хэгъэзэгъэнымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэм дяпэкIи зэрыпащэнур. Абы фIыщIэ яхуищIащ псапэ проектыр къызэрызэрагъэпэщрэ къа­дэIэпыкъуахэм, сабийхэм я адэ-анэхэм, псапащIэхэм, жы­лагъуэм.
Нэчыхь щатх унэу Налшык дэтым и унафэщI Шэру Валентинэ зэхыхьэм къыщыщы­п­салъэм жиIащ псапэ щIэныр къыхэзылъхьа IуэхущIапIэр социальнэ проект куэдым зэрыхэтыр, ауэ сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуа мы Iуэхур псом нэхърэ зэрынэхъ гуапэр, зыхузэ­фIэкI­хэр къазэрыдэIэпыкъум мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Нэхъыщхьэр цIыкIухэм я нэгум гуфIэгъуэ кърихыу плъагъу­нырщ.
Пшыхьым хэтахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэ­джыIа­кIуэ­хэу Хъусинхэ Анзоррэ Замирэрэ, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Теркъул Астемыр, ЦокIыл Азэмэт, «Нал цIыкIу» къэфакIуэ ансамблым, «Радужные нотки» уэрэджыIакIуэ ансамблым, пшынауэ Къуэдз Залым сымэ, нэгъуэщIхэ-             ми. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите