ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭХЭР ЗЭРАЩIЫЛIЭ

КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис иджыблагъэ яIущIащ Пермь къалэм дэт, Прянишников Дмитрий и цIэр зезыхьэ мэкъумэш-технологие университетым и лIыкIуэхэм.
Университетым и ректор Андреев Алексейрэ абы и къуэдзэ Оборин Матвейрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ махуэ зыбжанэ лъандэрэ щыIэщ. ХьэщIэхэм я мурадщ щIэныгъэм и мызакъуэу, мэкъумэш промышленностымкIэ, экономикэмкIэ, щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэхэр къращIылIэну, иджыри къыздэсым щIыналъитIым я зэхуаку илъа зэпыщIэныгъэхэр къагъэщIэрэщIэжыну.
Пермь къикIа хьэщIэхэм хэтащ «Егъэджэныгъэ технологиещIэхэр щIыналъэхэм щIэныгъэ IэнатIэм зыщезыгъэужь Iэмалщ» зыфIаща щIэнIуатэм. Пермь къалэм дэт мэкъумэш-технологие университетым и ректор Андреев Алексейрэ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэрэ егъэджэныгъэ икIи щIэныгъэ-техникэ IэнатIэхэм зэрыщызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Абы ипкъ иткIэ университетитIыр я егъэджакIуэхэмкIэ зэхъуажэурэ лэжьэнущ, методикэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыр адрейм щIэгъэкъуэн хуэхъунущ, зэрырагъаджэ программэхэр зэщIыгъуу ягъэхьэзырынущ, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр лабораториехэм, лъэщапIэхэм, къэхутакIуэ центрхэм щагъэунэхунущ, лъэпкъ проектхэмрэ къэхутэныгъэхэмрэ зэгъусэу ирагъэк1уэк1ынущ.
Пермь дэт университетыр унэтIыныгъэ куэд зи1э IуэхущIапIэщ, къудамиблу зэхэтщ, цIыху мини 6-м щIигъу щоджэ. Университетым хэт бакалавриатыр, специалитетыр, магистратурэр программэ 60-м нэблагъэкIэ щIалэгъуалэм ядолажьэ, IэщIагъэ ярет.
Пермь къэрал университетыр дунейм къыщащIэ хамэ къэрал университетхэм япыщIащ, зэрыригъаджэ программэхэр щIыпIэ куэдым къыщагъэсэбэп, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ зэхуэсхэм хохьэ, щIэнIуатэхэмрэ Iэнэ хъурейхэмрэ щIэх-щIэхыурэ къызэрегъэпэщ. Пермь университетыр экономикэмрэ егъэджэныгъэмрэ я мэкъумэш IэнатIэм щынэхъ лъэрызехьэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис къызэрыхигъэщамкIэ, ди щIыналъэм ифI хэлъщ Пермь хэгъэгуми абы ит университетхэми зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэным икIи ядэлэжьэным. «Лъэныкъуэ куэдкIэ зэдрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щIыналъитIми тегъэщIапIэфI 2003 гъэм хуащIауэ щытыгъащ. Иджы сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм щIэуэ нэгъуэщI унэтIыныгъэхэр къыхохьэри, ар узыщыгуфIыкIын Iуэхугъуэщ», – къыхигъэщащ министрым.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр