ЖУРТ ЛIЫХЪУЖЬХЭМ АДЫГЭ ФАЩЭ ЯЩЫГЪЫУ

Репиным и цIэр зезыхьэ, Санкт-Петербург дэт СурэтыщI академием накъыгъэм и 19-м щегъэжьауэ щокIуэкI СэвкIуий Хьэмид «Маккавей зауэхэр» зыфIища и гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэт лэжьыгъэхэр ихуэнущ сурэтыщIым «Тхылъ лъапIэхэр» зыфIища и альбомыщIэм.

Сыт щыгъуи хуэдэу, СэвкIуийм мы гъэлъэгъуэныгъэми къыщехъулIащ дунейпсо цIыхубэм я тхыдэм езыр къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIар ирипхыну. «Маккавей зауэхэр» фIэщыгъэм Тэурэтым къыхэщыж, журтхэм я блэкIа жыжьэм дегъэIэпхъуэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэцIэ игъуэтащ тепщэгъуэр зыIыгъ алыджхэм журтхэм я бзэмрэ я динымрэ фIагъэкIуэдыну щыхуежьам щыгъуэ, лей зытехьэхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм. Дауэ ар адыгэхэм я тхыдэм зэрупхынур? Абы и жэуап езы сурэтыщIым къыджеIэ.

 «Сэ сытегушхуэри, Маккавейхэм я тхыдэр дэ дыщыпсэу зэманым нэхъ пэгъунэгъуу екIуэкIа зауэхэм пэзгъэджэжыну сыхэтащ, - жеIэ СэвкIуийм. - Журт лъэпкъым я натIэ хъуа гугъуехьхэм адыгэхэм къащыщIар, Кавказым щекIуэкIа зауэхэр сигу къагъэкIыжащ. Художественнэ IэмалыщIэу жыпIэ хъунущ Тхылъ лъапIэхэм зи цIэ къыхэщ лIыхъужьхэр адыгэ фащэкIэ зэрысхуэпар. Сыту жыпIэмэ, ахэр пасэрей зэманхэм тепсэлъыхь щхьэкIэ, къаIэтыр цIыхубэр дунейм тетыхукIэ зыIущIэну Iуэху мыкIуэдыжхэрщ».

Тхыдэм къыщыхъуа къэхъукъащIэм поджэж СэвкIуийм «Пётр Езанэр Дербент зэрыдыхьар» лэжьыгъэри (сурэтым). Урыс императорым и Каспий зекIуэм, мы гъэм илъэс 300 ирикъум, деж къыщыщIидзауэ къабж языныкъуэ тхыдэджхэм Кавказымрэ Урысеймрэ я зэпыщIэныгъэхэр. Езы Пётр Езанэр илъэс 350-рэ зэрырикъум тепщIыхьмэ, Кавказым къыщыкIуам ар илъэс 50 хъууэ арат. Хьэмид и сурэтым щыдолъагъу Дербент къалэм и нэIибым къалэм и IункIыбзэхэр Пётр Езанэм зэрыритыр.

СэвкIуий Хьэмид и гъэлъэгъуэныгъэр зэхэтынущ мэкъуауэгъуэм и 1 пщIондэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)