ЖЬЫБГЪЭМ ЗЭБГРИХЫУ, ЖЫЛЭУ ЩIЫМ ХИПХЪАМИ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжыр (унафэщIыр Пщыбий Светланэщ) сыт щыгъуи цIэрыIуэщ ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэмкIэ, ягъэхьэзыр IэщIагъэлIхэмкIэ, гъэсэныгъэм епха Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ. ЩIалэгъуалэр  адыгэм и къекIуэкIыкIам, и щхьэм кърикIуа гуихым, игъащIэми  къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэм хуэущииным, лъэпкъ  гъэсэныгъэ яхэлъхьэным хуэгъэпсат колледжым иджыблагъэ щекIуэкIа  зэхуэсыр. Ар епхат Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм.

Зэхуэсыр яублащ  зи Хэкур IэмалыншагъэкIэ зыфIэкIуэда хэхэсым теухуа «Iуащхьэмахуэ» адыгэ уэрэд гуузымкIэ. Iуащхьэмахуэ и щыгу хужьыр зи нэгу щIэмыкIыу зи гъащIэр кIуэ хэхэсхэм,  хэкужьым къагъэзэжу абы и хьэуамкIэ зэ нэхъ мыхъуми хуиту бэуэжыну зи нэ къикIхэм, хамэ щIыпIэм и IэплIэ ис нэхърэ, адэ щIыналъэм и  бжэкъуагъ къуэсми нэхъ къэзыщтэхэм, гухэщIрэ бэлыхьу я псэм телъыр  IупщI къищIырт а гъыбзэм.

Къаджэ, къаджи, си хэку дыщэ,

Уэ уи куэщI пIэщхьагъ щытхуэщI.

Къаджэ, къаджэ, си хэку дыщэ.

Дикъухьащи, ди гур хощI...

КърихьэлIахэм  я гумрэ я псэмрэ ихузу Iуа уэрэдым псоми я гупсысэр триухуат «Лъэпкъ щIыхьым зи псэр щIэзытыжу, ЯукIыхункIэ бийм хуимыкIуэтахэм, Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу, ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдахэм Щана псэ нэхухэм я фэеплъ мы Iуэхум…» къызэтеувыIэу яхуэщыгъуэн, яхуэгумэщIын зэрыхуейм.  Щыгъуэ дакъикъэр зэфIэкIа нэужь, зэхуэсыр езыгъэкIуэкI студент щIалэгъуалэм  къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIащ лъэпкъкIуэдыр къытхуэзыхьа, илъэси I00-м щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэмрэ абы и Iэужь хьэлъэмрэ.

- Накъыгъэм и 2I-м  илъэси  I58-рэ ирикъуащ  а  зауэжьыр  зэрыувыIэрэ. Абы и ужькIэ щIэхуэбжьащ адыгэхэм я Iэпхъуэныр – ИстамбылакIуэшхуэкIэ зэджэр, -  жаIэрт, псалъэр зэпадзу,  зэхуэсым хэт  щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. -  ЦIыху мелуаным нэс адыгэ лъэпкъым щыщу къэнар мащIэ дыдэщ, нэхъыбэр яукIащ е хым хэкIуэдащ, узым ихьащ е Тыркум Iэпхъуащ. ЦIэрыIуэу, Кавказым ис лъэпкъ псоми къацIыхуу щыта шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ, убых лъэпкъыр кIуэдыжыпащ.

 АдэкIэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ  Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым къулейсызыгъэу, насыпыншагъэу, нэщхъеягъэу къахуихьам хуэдиз къэзыхьа зауэ дунейм къытемыхъуами зэрыхуэдэр.  Адыгэпсэу ягъэна бгъу къэс зы цIыху хуэщыгъуэжу аращ, сыту жыпIэмэ а зауэ угъурсызым пщIы къэс зыщ къелар, адрей бгъур хэкIуэдащ.

 -  ЩIыфэм игъуэта удыныр  зэманым дожэпхъыж… АтIэми  щыIэщ зэи мыкIыж уIэгъэ – ар псэм къытехуэ удынырщ, - пащэрт абыхэм. - Псэ узыр гущIэгъуншэщ: ар къэятэж зэпытурэ йокIуэкI…  Апхуэдэ щытыкIэм хэмыкIыурэщ адыгэр зэрыпсэуар. Зи псэр Хэкужьым къинауэ ар зыбгынэ цIыху минхэм  я гум илъ гузэвэгъуэм дунейр игъэзджыздж хуэдэт. Абыхэм яхэмытми ярейт, махуэл дэкIрэ, зэрыхьзэрийр ящхьэщыкIмэ, къэзыгъэзэжын хъуэпсапIэ зимыIэ. Щхьэхуитыныгъэм епха сыт хуэдэ дамыгъэри IэщIахат ди ы, е лIэн, е лIын – нэгъуэщI зыхэдэн къыхуагъэнатэкъым абы.

Адыгэхэр нобэ къэралыгъуэ 50-м нэсым  щопсэу. Ахэр абыхэм я дежкIэ   хамэщ, щIыналъэхэм я зыужьыныгъэм сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуамыщIми. Езы адыгэхэм ящыщу къулеигъэ зыбгъэдэлъхэми я насыпыр изу къалъытэфыркъым -  мылъкуракъым къулеигъэр: гъащIэр зыгъэдахэр уи лъэпкъ, уи къуэпс здэщыIэ щIыналъэрщ.  Абыхэм я гур къэзыхъумэри зыщ: зэгуэр  къэкIуэжыфын,  лъэпкъыр зы дыхъужын гугъэр зэраIэрщ.    Абыхэм яхэткъым «кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту» зыIыгъыну, абы епэмыну щIэмыхъуэпс… Дэтхэнэри ноби мэгугъуэ абыкIэ…  Гугъэри адэжь щIэинщи…

Мазэм зегъазэ…

Дыгъэм къегъазэ…

ЖыIэ, сыт щыгъуэ

Дэ дгъэзэжыну?

Уэсу къехуэхыр

Бахъэ мэхъужыр,

ЖыIэ, сыт щыгъуэ

ДекIуэлIэжыну?

МафIэм димысу, ди гур имысу,

Кхъэм дынэмысу дынэсыжыну?

Ди бзэр мыкIуэду,

Ди псэр хэмыкIыу,

Ди фэр темыкIыу

Дэ дыкIуэжыну?

Хэхэс адыгэхэм яуса апхуэдэ усэ, уэрэд  куэд щыIуащ фэеплъ зэхуэсым.

Си лъэпкъ псалъэжьхэр, гъуэгу гъуэмылэу,

Гъуэгуанэ сытеувэжащ.

Iэр къишияуэ Хэкур къаплъэу

Къысщыхъури, псэр къэушыжащ…

ПщIыхьэпIэр къигупсысами си гум,

Си хэхэс гъащIэм сохутэж.

АрщхьэкIэ къоблэ адэжь жьэгур,

Гур здэщыIэм псэр мэкIуэж.

«Зэманыр макIуэ, ар къэзыгъэувыIэф щыIэкъым.  Зы къэхъугъэм адрейр ехъуэж, зыр дунейм йохыж, адрейр абы къытохьэ… Сыт хуэдэу ди Iуэхур къекIуэкIами, адыгэр дыпсэущ нобэ, ди гур мыкIуэдауэ.  Дыпсэущ, зы  дымыхъужами.  Дыпсэущ, ди анэдэлъхубзэр  тIурылъыжу. А фIыгъуэр диIэхущ, лъэпкъыу дызэрыщытынури дыкъызэралъытэнури. Урыс-Кавказ зауэм хуэдэ гукъутэ зы лъэпкъи и нэгу щIремыкI, зы цIыхуми и псэм къытремыхуэ хэкур щIибгынэн хуей  удын хьэлъэ», - апхуэдэ гупсысэхэм уахуэзышэт зэхуэс купщIафIэм и кIэухыр.

Медколледжым  адыгэбзэмрэ литературэмрэ  щезыгъэджхэу филологие  щIэныгъэхэм я кандидат  КъуэщIысокъуэ Зухрарэ Токъубей Анетэрэ  къызэрагъэпэща а Iуэхур къызыхуэтыншэу ирагъэкIуэкIащ  Ансокъуэ Элинэрэ Хьэгъэбанэ Даринэрэ. Абы жыджэру хэтахэщ   еджапIэм и студент 20-м щIигъу. А бжыгъэми къегъэлъагъуэ  лъэпкъ тхыдэм дихьэх, абы и пэжыпIэр зыщIэну хуей щIалэгъуалэ къызэрытщIэувэр. УсакIуэ Аброкъуэ Бэллэ зэрыжиIащи,

 Жьыбгъэм зэбрихыу,

Жылэу щIым хипхъами,

Я нэхъ хугу данагъуэу,

 А д ы г э р къыхокI.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)