КАВКАЗ ЗАУЭР ЩИУХЫМ

е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-р
 
…1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.
Махуэр сыхьэт II хъуащ. Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэпщышхуэр – урыс пащтыхьым и къуэш Михаил Николаевич. Абы къыбгъэдэтт генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэпщыр Iуащхьэм къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуудзэхэм фIыщIэ яхуищIащ, «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэлъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ», жиIэу. Дзэпщым жиIащ: «ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI хахуэхэм сынывохъуэхъу… Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ, зауэм къыщывгъэлъэгъуа фи лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс хъыжьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIэфакъым фэ, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы вгъажэ зэпытурэ, икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэгъухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ!»
Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр II къигъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ».
Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ классыр, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тетхауэ. Пащтыхьыр «и къуэш хахуэм» къехъуэхъуащ «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ и пэкIэ бгырыс Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэрыритам щхьэкIэ». Нобэ щыщIэдзауэ, - къехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, - Кавказым зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къинэжакъым.
Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь унафэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ – бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу.
Георгий орденым и 2-нэ классыр къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэхъуащ пащтыхьыр: «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ дызыхэта зауэ гуащIэм кIэ езытар уэращ, уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къаIэщIэпхын».
Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэракъхэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щызыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми.
 
Эсадзе Семен зэритхамкIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)