КIуэкIуэ Ю. А. къигъэуващ федеральнэ автомобиль гъуэгум хиубыдэу Шэджэм псым телъ лъэмыжыр зэгъэпэщыжыныр зэман кIэщIым къриубыдэу зэфIагъэкIыну

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. зэIущIэ щригъэкIуэкIащ 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м псы­дзэр къыщехам щыгъуэ зи лъакъуэр фIилъэсыкIа лъэмыжыр зэгъэпэщы­жыным щелэжь щIыпIэм деж. Псы икIыпIэм деж федеральнэ гъуэгум щызекIуэ транспортыр щызэтримыхьэн папщIэ 2017 гъэм дыгъэгъазэм и пэ­щIэдзэм пIалъэкIэ къагъэсэбэпыну гъущI лъэ­мыж тралъхьауэ щытащ.

Ятха къэрал контрактым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лэжьыгъэхэр 2019 гъэм и мазаем зэфIэкIын хуейщ. Ауэ республикэм и уна­фэщIым къигъэуващ Iуэ­хум еужьэрэкIыну икIи дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэ мазэм фIэмыкIыу лъэмыжыр къызэIуахы­жыну.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ­Къуныжь В. Хь., «Кавказ» гъуэгур зехьэнымкIэ управленэ» федеральнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Гулаков В. В., Шэджэм муниципальнэ районым и щIына­- лъэ администрацэм и Iэтащхьэ ТекIушэ А. А., подряд IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.