ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ IЭНАТIЭМ ЩЫЛАЖЬЭХЭМ Я ЗЭIУЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ иджыблагъэ щек1уэк1ащ «Баксанский вестник» газетым и редакцэм.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият иджырей медиа дунейм газетхэм щаIэ мыхьэнэм тепсэлъыхьащ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэм жылагъуэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ. «Абыхэм цIыхубэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм я хэкIыпIэхэр къагъэнахуэ, гъащIэм къигъэув упщIэхэм жэуап ярет, къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ щIыналъэхэм щызэрахьэ унафэхэмрэ зэрызэпэджэжымрэ щIыпIэхэм щаIэ хуитыныгъэхэмрэ зэхэгъэщхьэхукIауэ цIыхубэм ябгъэделъхьэ. Я теплъэкIэ захъуэжурэ, IуэхугъуэщIэу къыхалъхьэхэм зрагъэубгъуурэ екIуэкIми, щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэр зыхуагъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ебакъуэркъым – ахэр сыт щыгъуи щIыпIэм къыщекIуэкI щэнхабзэмрэ цIыхугъэмрэ хуэхьэкълыщ, ахэр къызэраIэтыным, жылагъуэм щапхъэ зэрыхуащIыным хущIокъу. Узэбакъуэ мыхъун хабзэфIу ар абыхэм къадогъуэгурыкIуэ», – жиIащ Шаваевэм.
ЗэIущIэм газетхэр зыIууэ гугъуехьхэм щытепсэлъыхьащ. ЩIыналъэхэм я нэхъыбэм фIыуэ щыхэщIащ газетхэм Iэ щIэзыдзхэм я бжыгъэр. Языныкъуэ щIыпIэхэм къыдэкIыгъуэхэм я бжыгъэр минкIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ. Апхуэдэу редакторхэр тепсэлъыхьащ щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэр къыхэбгъэхъуэж зэрыхъуну Iэмалхэм, редакцэмрэ цIыхубэмрэ я зэпыщ1эныгъэр гъэбыдэным епха Iуэхухэм.
ЗэIущIэм хэтахэм щхьэж и Iуэху еплъыкIэрэ гупсысэкIэ зэхъуэжа нэужь, Шаваевэ Разият къыхигъэщащ щIыналъэ газетхэр зыIууэ лъэпощхьэпохэр хэгъэгу мыхьэнэ зиIэ лъэпкъ газетышхуэхэми зэраIэр, ахэр къызэранэкIын щхьэкIэ абыхэми лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахыр. Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым редакторхэр къыхуриджащ сыт хуэдиз гугъуехь Iумыуэми, абыхэм зэрапэлъэщын хэкIыпIэу щыIэр къагъэсэбэпу, я лэжьыгъэр зэтеухуауэ ирагъэкIуэкIыну, газетхэр адэкIи къыдэкIыным егугъуну.
«Газетхэр гугъуехь гуэр щыIумыщIа лъэхъэнэ къэхъуауэ къыщIэкIынкъым. ЩIэджыкIакIуэхэр щыкуэдаи, ахэр нэхъ мащIэ щыхъуаи, сыт щыгъуи лъэпощхьэпо гуэрхэр къалъыкъуэкIырт. ХъыбарегъащIэ IэнатIэм дуней псор зэщIищтащ, интернетым и къарур шэщIа щыхъури. УлъэщIэмыхьэу гъащIэм махуэ къэс зэхъуэкIыныгъэхэр къыщохъу. Iуэху цIыкIу хуэдэу къыпщыхъуми, махуэкъэгъэщIу щыт къэхъугъэ мыинхэр псынщIэу интернетым иувэми, дэ зыхуэдгъэувыж къалэнхэм а псор къапэджэжми, я гъуэгур абыхэм зэпаупщIыфынукъым – тхылъымпIэм идгъэзагъэ псалъэхэр къонэ, абыхэм зэгуэр щIэнхабзэ пщэрылъ ягъэзащIэ зэрыхъунум шэч хэмылъу. Ар тегъэщIапIэ дывгъэщIи, зэманым и архъуанэм зыхэдвмыгъадзэу ди Iуэху зэрыдэкIыным дытевгъэлажьэ», – жиIащ Шаваевэ Разият.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух