ЩIАЛЭГЪУАЛЭР ЛИТЕРАТУРЭМ ДРАГЪЭХЬЭХ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым «Как слово наше отзовётся…», «Забота о чтении - забота о будущем нации» зэпеуэхэм щытекIуахэр иджыблагъэ щагъэлъэпIащ. 
Илъэс еянэ хъуауэ ирагъэкIуэкI зэпеуэхэр къызэзыгъэпэщар Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэрщ. Мы гъэм ар хуэгъэпсауэ щытащ тхакIуэ цIэрыIуэхэу Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, Куэшбей Жэмбулэт, Мусукаевэ Сакинат, Залиханов Жанакаит, Гулиев Мэжит сымэ я IэдакъэщIэкIхэм.
Зэпеуэм и «Литературэ зэрадзэкIа» Iыхьэм и къэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэу щытар тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбийщ, «Художественнэ псалъэ» Iыхьэм и къэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэ къалэныр зыхуагъэфэщар КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Беппаев Муталипщ. Абыхэм ядэIэпыкъуащ УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр, творческэ щIалэгъуалэр. 
- Ди республикэм и школакIуэ щищым щIигъу хэтащ зэпеуэм. Тхыгъэу 100-м щIигъу, (тхылъ цIыкIухэр, экслибрис, усэхэр, едзыгъуэхэр) къагъэхьат абыхэм. «Как слово наше отзовётся» зэпеуэм цIыхуи 150-рэ хэтащ. «Литературэ зэрадзэкIа» Iыхьэм илъэс зыбжанэ хъуауэ нэхъ балигъхэри къызэрыхыхьэр ди гуапэщ, - жиIащ зэпеуэм и зэхэублакIуэ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье.
ЗэIущIэр къызэIуаха иужь, къэпщытакIуэ гупыр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ зэпеуэм кърагъэхьа лэжьыгъэм, гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэхэм.
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм усэрэ макъамэу зэхэухуэна теплъэгъуэ гъэщIэгъуэн утыку кърахьащ. Ахэр зыгъэхьэзырар КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, профессор ЩауэцIыкIу Людмилэщ.
 Зэпеуэм кърихьэлIахэм, щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэмрэ библиотекэхэмрэ тыгъэ хуащIащ Химие щIэныгъэхэм я доктор Хьэмызэ Руслъан адыгэбзэкIэ зэридзэкIа «Евгений Онегин» романыр (Пушкин Александр).
 

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.06.2023 - 12:25

ШХЭКIЭМИ МАРДЭ ИIЭЩ

«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэ­хьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ.

05.06.2023 - 09:25

САБИЙХЭМ ЯХУЭПЩI ГУЛЪЫТЭР КЪЭКIУЭНУМ И ГЪУАЗЭЩ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» респуб­ликэ социально-реабилитацэ центрым щы­Iащ.

05.06.2023 - 09:24

ГЪУЭГУМ И ПЛЪЫРХЭР

«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.

05.06.2023 - 09:24

ЯЛЪАГЪУМКIЭ АРЭЗЫУЭ, ЯФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНУ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэр

04.06.2023 - 17:01

ЛЪЭПКЪХЭР ЗЭРЫЗЭМЫЩХЬЫРЩ ЗЭКЪУЭЗЫГЪЭУВЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым.