ХЬЭРЫЧЭТЫЩIЭ IЭНАТIЭМ И ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым накъыгъэм и 16-м щекIуэкIынущ технологием епха щIалэгъуалэ хьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм щытепсэлъыхь, къыпэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ щызэпкърах зэIущIа зэIуха.

КъБКъУ-м къыхилъхьа жэрдэмыр къызэрызэрагъэпэщынур пэIудзауэщ, абы хэтыну, екIуэкI псалъэмакъым едэIуэну хуейхэр зэIущIэм зэрыхыхьэ хъуну щIыкIэр университетым и сайтым кърагъэувэнущ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым зыбжанэ лъандэрэ гулъытэ хэха щигъуэту зыщеужь щIалэгъуалэр нэхъыбэу зэпха технологие хьэрычэтыщIэ IэнатIэм. Езыр-езырурэ Iуэхум утIыпщауэ зиужь фIэкIа, иджыри къэс хабзэ гуэрым ар тетакъым, шэщIауэ зиужьынуми, Iэмалрэ утыкурэ иIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, IэнатIэм щIэупщIэ иIэщ, ди щIыпIэм зэрызыщиужьынум и нэщэнэ хъарзынэхэри долъагъу. Технологие хьэрычэтыщIэ IэнатIэм нобэкIэ иIэ щытыкIэмрэ абы игъуэтыну хъуну Iэмалхэмрэ зэдгъэпщэжщ икIи зэпэтлъытэжри, КъБКъУ-м деж ди щIыналъэм щыяпэу митап-утыкукIэ зэджэр къыщызэдгъэпэщыну тедухуащ. ЗэIущIэм къыдогъэблагъэ щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, сатуущIэ IуэхущIапIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. Дапэплъэнущ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэхэм, технологие проектхэмрэ стартапхэмрэ елэжь гупхэм, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, технологием и Iэмалхэр гъащIэм хэпщэным и телъхьэ дэтхэнэми. ЗэIущIэр КъБКъУ-м гупсысэщIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ уэршэрым хэту щызэпкърах и Центрым щекIуэкIынущ, пэIудза Iэмалхэмрэ гуп уэршэрымрэ щызэхэту», – жаIэ къызэгъэпэщакIуэхэм.
Зэхуэсым хэтыну хуейхэр КъБКъУ-м и сайтым зыщагъэнэхуа нэужь, цIыхухэр абы зэрыхыхьэну щIыкIэр дэтхэнэми я майл-хэщIапIэхэм хузэбграгъэхынущ.
КъБКъУ-м къызэригъэпэщ зэIущIэм щытепсэлъыхьынущ «КъэхутэныгъэщIэхэр» зи фIэщыгъэ стартап-студием и къызэIухыкIэ хъунум, университетым и жьауэм щIэтми, къэрал хабзэкIэ щхьэхуит, илэжьымрэ иригъэкIуэкI IуэхугъуэхэмкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэ щхьэхуэу щыт стартап-студие зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэхишэнум, технологием епха хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм ди щIыпIэм зэрызыщрагъэубгъуну щIыкIэхэм.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.11.2023 - 17:19

СТРАДИВАРИ И СКРИПКЭ ТЕЛЪЫДЖЭХЭР

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ Страдивари Антонио и гъащIэр триухуат макъамэ Iэмэпсымэ къэгъэщIыным. ИкIи и IэрыкIхэм я фIыгъэкIэ и цIэр жыжьэ Iури, игъащIэкIэ гъуазджэ тхыдэм къыханащ.

29.11.2023 - 17:19

И ХЬЭКЪ ЗЫТЕМЫХУЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Хыпс щхъуантIафэр щоIэуэлъауэ

29.11.2023 - 15:02

Шэмызокъуэ Заур инструктор пажэщ

«2023 гъэм мафIэсым пэщIэт профилактикэ Iуэхум- кIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еплъыны­-гъэ-зэпеуэр зэфIэкIащ.

29.11.2023 - 12:25

Зэадэзэпхъум я утыку

Къэбэрдей-Балъкъэрым     и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ сурэтыщI зэ­адэзэпхъухэу Турай Руст

29.11.2023 - 09:03

Мыужьыхыж мафIэ

Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ.