ДРОПАГЭ ИКIИ ДРОГУШХУЭ

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралыр зэрыхуауэ щыта политико-экономикэ щытыкIэ хьэлъэр куэдым ящIэж. А лъэхъэнэм зэтекъутащ жылагъуэр зэпIэзэрыту зыIыгъа, абы и джэлэсу щыта IэнатIэ куэд. Ар дыдэм хуэкIуэрт щIэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Ди республикэм и щIэныгъэ IэнатIэхэр зэманым къаридза удын хьэлъэм къезыгъэла цIыхухэм ящыщщ Иуан Пётр Мацэ и къуэр. Абы и фIыгъэкIэ ахэр щIэувауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и дамэм, щIыналъэ щIэныгъэ центр хъуауэ.
Иуаным лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI Iуэху зехьэкIэщIэхэр, технологие пэрытхэм я зэфIэкIхэр гъащIэм хэпщэным ехьэлIауэ. ЩIэныгъэлIым и жэрдэмкIэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ Кавказ Ищхъэрэм щызэхохьэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм ятеухуа форум. ЩIыналъэм и щIэныгъэлI пажэхэр, щIэныгъэ IэнатIэ пэрытхэм я унафэщIхэр, еджагъэшхуэхэр кърохьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм. Дэ дропагэ ар япэу къызэзыгъэпэщар ди хэкуэгъу щIэныгъэлIу зэрыщытым.
Зи хэкур фIыуэ зылъагъу, абы и ехъулIэныгъэм папщIэ куэд зылэжь хэкупсэм и зэфIэкI псори хуигъэпсащ щалъхуа щIыналъэм и зыужьыныгъэм. Абы ехьэлIауэ Иуаным и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэхэр куэд мэхъу. Абыхэм пщIэшхуэ щаIэщ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми. Зэманыр щыхьэт техъуащ Пётр и IэдакъэщIэкIхэм щыпхиша Iуэху еплъыкIэхэм я пэжагъым.
Иуан Пётр и псалъэ Iущым жылагъуэм пщIэ зэрыщиIэр ди нэгу щIэкIащ 90 гъэхэми нэхъ иужьыIуэкIи. ЗэгурыIуэу, пщIэ зэхуащIу зэдэпсэу лъэпкъхэм яку хьэлэ дэзыукIэну хэта языныкъуэхэм я мурад щэхухэр къащIемыхъулIар Иуаным хуэдэ цIыху акъылыфIэхэм я фIыгъэщ. «Акъылым и лъапсэр гупсысэрщ», - жиIащ адыгэ псалъэжьым. Адыгэ еджагъэшхуэм, хэку щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI цIыху щыпкъэм и акъылыр жану, и гупсысэр жэру куэдрэ иджыри ирепсэу.

НЭГЪУЕЙ Залымхъан, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.