МИНИСТЕРСТВЭМ ЩАГЪЭЛЪАПIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм Урысей Федерацэм ММА-мкIэ и зэхьэзэхуэм щытекIуа спортсменхэм щаIущIащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. ЗэIущIэм хэтащ «Файт зона» спорт клубым и вице-президент Мэш Алим.
Анаевыр спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэ Шыхъуэстэн Русланрэ Мэш Алимрэ, КъБР-м Зэзауэ зэхэтхэмкIэ и федерацэм и президент ПщыукI Залым сымэ ехъуэхъуащ зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэмкIэ, адэкIи ефIэкIуэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ.
Мэш Алим министрым и къуэдзэр щыгъуазэ ищIащ ди атлетхэм я зыгъэсэныгъэхэр зерекIуэкIымрэ адэкIэ яIэ плIапIэхэмрэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысей Федерацэм и ММА-мкIэ и зэхьэзэхуэу мы махуэхэм Омск къалэм щекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ щызыIэрагъэхьащ. Зи ныбжьыр илъэс 14-15-м итхэм я деж щызэуа килограмм 57-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Аппаев Амир къэралым и командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 32-мрэ 57-мрэ нэблагъэ Къармокъуэ Тамерланрэ Мансуров Имранрэ зыхэта гупхэм домбеякъ медалхэр щызыIэрагъэхьащ. ТIури илъэс 12-13 хъухэм я деж щызэуащ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.