И насыпщ ар къызыхэкIа лъэпкъым

Тау Пщыкъан Къес и къуэр къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Къу­лыкъухэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы зэрихьащ къэрал­псо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэр. Тау Пщыкъан экономикэ, къэ­рал IуэхущIапIэхэм щызэфIиха и лэ­жьыгъэфIхэм куэдыр щыгъуазэщ. Ар щытащ республикэм и профсоюз ­зэгухьэныгъэм и пашэуи, КъБР-м и Парламентым и депутатуи. 

Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъэм илыпщIа, абы къы­кIэлъыкIу лъэхъэнэ хьэлъэм и бэлыхь псори зи фэм дэкIа, зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъу Тау Пщыкъан и зэфIэ­кIым, и IуэхущIафэм и гугъу ящIу щызэхэпхкIэ, плъэмыкIыу уогупсыс: «Сыту я насып ар къызыхэкIа лъэпкъми, зы­хуэпсэу и Iыхьлыхэми, и благъэхэми», - жыпIэу. 
Зэрыбынитхум я нэхъыщIэми, ар зы махуи и анэм и кIэкъуагъ къуэсакъым. Зэхэзехуэн ящIри, 1937 гъэм я адэр яукIати, зеиншэу къэна унагъуэр хуабжьу гугъу ехьырт - я лъапсэр трахауэ я адэ къуэш нэхъыщIэм и гуэщым щыпсэурт. ЩIы Iыхьэ кърату, ятIэ чырбышым къыхэщIыкIа псэупIэ щаухуэфар Сталиныр дунейм ехыжу унагъуэр колхозым щыхагъэхьа 50 гъэхэм икухэрщ.
МащIэу къэжэпхъа нэужь, абы и нэгу щIэкIащ а лъэхъэнэм цIыхухэм я фэм дэкIар, гурэ псэкIэ ягъэвар, бийм зэтрикъута IэнатIэхэр къэIэтыжыным, къэралыр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэ­щы­ным цIыкIури инри зэрытелажьэр. И сабиигъуэм илъэгъуа-зэхихахэр игъащIэкIи и гум къинащ, нэхъыжьхэм я ­щапхъэфIыр гъуазэ хуэхъуащ.

Лъагъуэхэмрэ  гъуэгухэмрэ

«Лъагъуэ урикIуэмэ, гъуэгу утохьэ», - жаIэ. Iуэхушхуэхэм къыхуалъхуа, мы ­гъащIэм къалэн щхьэпэ щызыгъэзэщIэн хуейуэ къызыпэщыт ныбжьыщIэр, школ нэужьым, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ Мэзкуу мэкъумэш академием щIэтIысхьащ. Кэнжэ адыгэ жылэжьым къыщыхъуа щIалэщIэр жы­джэрт, щIэныгъэм и насып зэ­рыхэлъым и нэщэнэу, еджэным хуэнэхъуеиншэт, жэщыбг хъуху тхылъым пэрысыфынут. И ныбжьым емылъытауэ, балигъынэкIэ гъащIэм пхыплъыф, Iуэхум нэхъыщхьэу хэлъыр псынщIэу къэзыпхъуэтэф Пщыкъан и Iулыджым академием зыкъыщызэкъуихырт. И пщIэр зэрилъы­тэжым, гупсысэ къабзэхэр къызэрыбгъэдэкIым, зэрыакъыл жаным папщIэ, студентхэм «и лъым мафIэ хэтщ» жаIэрт. 
ЕджапIэ нэужьым Таум жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэхэр ирихьэкIащ. Ар ящыщщ IуэхущIафэ хьэлэлкIэ, дуней тетыкIэ дахэкIэ мы гъащIэм зи увыпIэ щызыубыдыжахэм. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ Пщыкъан зыщигъэгъупщакъым кърагъэза дзыхьыр зыхуэдэр. А псор IупщIу хыболъагъуэ къызэринэкIа илъэсхэм. КъулыкъущIэхэр Iэджэу зэщхьэщедз. Таум къыдекIуэкIыр унафэ щIыкIэм и нэщэнэ нэхъыфIхэрщ. И гур псоми яхузэIухащ, зэпIэзэрытщ, ныбжьэгъу пэжщ, тегъэгушхуакIуэ-узэ­щIакIуэщ. Илэжь, зэфIигъэкI Iуэхухэр цIыхухэм, гъащIэм, псэуныгъэм зэре­хьэлIар и напщIэм телъщ.
Тау Пщыкъан щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэм къыщIэкIащ икIи къыт­рыригъэдзащ. Абы игъэхьэзыращ республикэм и экономикэм пIалъэ кIыхькIэ зэрызиужьынум тещIыхьа программэхэр. Республикэм и Парламентым и депутату щыщытам жэрдэм купщIа­фIэхэр къыбгъэдэкIащ. Псалъэм папщIэ, «Инновацэ лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и законыр къы­зэращтам Пщыкъан и фIыщIэ хэлъщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, КъБР-м и промышленнэ IэнатIэхэр щIыналъэм и экономикэ комплексым и лъабжьэр къызэзыгъэпэщ Iуэхугъуэ нэхъы­щхьэ­хэм ящыщщ. Таум и жэрдэмкIэ Налшык щрагъэкIуэкIауэ щытащ щIыналъэ ­экономикэм пыщIа гугъуехьхэр щы­зэпкъраха япэ щIэныгъэ-практикэ конференц.

УпэщIэувэкIи
пхуигъэкIуэтынутэкъым 

«ЩIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ Пщыкъан адрей депутатхэм къахэщырт и жыджэрагъкIэ, и Iуэху еплъыкIэхэр зэрыпхигъэкIыным ерыщу хущIэкъуу, зытепсэлъыхь Iуэхухэм нэсу зэрыхищIыкIыр наIуэу. Таум упэщIэувэкIи пхуигъэкIуэтынутэкъым икIи и гупсысэр пхуегъэхъуэжынутэкъым. Ап­хуэдэу зэрыщытым депутатхэр щызэ­гуигъэп, абы и Iуэху еплъыкIэхэм арэзы щытемыхъуэ куэдрэ къэхъурти, къедауэрт, ипэжыпIэкIэ Пщыкъан захуэу щытми, - игу къегъэкIыж УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и 1 - 3-нэ зэ­хуэсхэм я унафэщIхэм я къуэдзэу, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъуу лэжьа Федченкэ Людмилэ. 
Нэхъыбэм дощIэж лIэщIыгъуэ блэ­кIам и 90 гъэхэм ди республикэми Урысей Федерацэми щыщыIа щытыкIэ гугъур. Ельцин Борис зи пашэ гупым къэралым и политикэр, и ухуэкIэр зэрахъуэкIыну къыщрагъажьэм, Таур обл­сов­профым и тхьэмадэти, яхуэмыгъэ­зэкIуэжыну бэлыхьлажьэ гуэр къызэрыхъунур псынщIэу къыгурыIуат. «Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ», - жыхуаIэрати, къэралыгъуэшхуэр зэтрагъэщахэ­­-ри, цIыху лажьэншэхэр бэлыхь хэмы­кIыжым хадзат. Iуэху зехьэкIэ мыхъу­мыщIэхэм псэуныгъэм пыщIа хабзэ зэтеувахэр зэтракъутэрт, «рынок» фIащауэ ди гъащIэм пхузэмыгъэзэхуэжын зэхъуэкIы­ныгъэхэр къыхалъхьэрт, IэнатIэхэр зэ­хуащIыжырт, щхьэхуещэхэм къэрал мылъкур зэхадыгъуэрт. 
ЦIыхубэм я хуитыныгъэхэм епхауэ Хэкум къыщрахьэжьа Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэм дызыхуашэр хьэлэбэлыкърэ зэщымыщхъуныгъэрэт. Апхуэдэ зэ­рыхь­зэрийхэр ди республикэм къызэры­щымыхъеяр Пщыкъан хуэдэ цIыху зырызхэм я цIэм ирапхырт. ЖыпIэнурамэ, абы и щIэныгъи, и къаруи, и зэфIэкIи ирихьэлIэрт, властымрэ лэжьакIуэбэм­рэ зызэпашэу, цIыхухэр уэрамым къы­дэмыхьэным. 

Бэм  я  гум  къипсэлъыкIыу

А зэманым Тау Пщыкъан ткIийуэ япэ­щIэувэн хуей хъуащ республикэм реформэ щезыгъэкIуэкIхэм ящыщу профсоюзхэр зэкъуэзычыну хущIэкъуахэм. 2000 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м зэхаша КъБР-м и ФНП-м и етIуанэ конференцым профсоюзхэм я щIыналъэ организацэм зэреджэр щахъуэжащ. А илъэс­хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ФНП-мрэ IуэхущIапIэхэм я профсоюзхэмрэ я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэр, и унэтIыкIэр ирагъэфIэкIуащ, рынокым и лъэхъэнэм IэнатIэм и зехьэкIэм мы­-Iейуэ зыхуагъэсащ, профсоюз зэщIэ­хъееныгъэм и иджырей идеологиер пхыгъэ­кIыным хуэгъэзауэ куэд зэфIагъэкIащ, социальнэ зэдэлэжьэныгъэр зэпымыууэ ирагъэфIэкIуащ. Таур зи ­пашэ федерацэр щIэмычэу хущIэ­къуащ социально-экономикэ IэнатIэм пыщIауэ мы­­­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм хуаIэ еплъы­кIэр республикэм и Iэтащхьэм, Пар­ламентым, Правительст­вэм­рэ жы­ла­гъуэмрэ я деж зэрынихьэсыным. Апхуэдэуи, а зэманым Таум игъэнэхъыщхьэу къыдекIуэкIа псор щигъэ­белджылыжа и тхылъхэр гъэ­зэщIакIуэ, хабзэгъэув IуэхущIапIэхэм яритащ. 
Профсоюз организацэхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм и лэжьыгъэр щиунэтIа зэма­ным Пщыкъан гуащIэрыпсэухэм я къыщхьэщыжакIуэ нэсу зыкъигъэлъэгъуащ, республикэм и социально-экономикэ щытыкIэр тэмэм, жылагъуэм зыщызыубгъу ткIиягъыр къыщыгъэ­щэбэным къаруушхуэ ирихьэлIащ. Абы и щыхьэтщ и Iуэху еплъыкIэхэр щы­зэпкърихыу зэман зэхуэмыдэхэм къытрыригъэдза тхыгъэ купщIафIэхэр. Къапщтэмэ, апхуэдэщ «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуа «Ухуэныгъэ IэнатIэр лъэрызехьэ щIын» (2006 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м), «Лъэпощхьэпохэр къы­зы­хэкIыр» (2006 гъэм шыщхьэуIум и 23-м), «ЦIыхупсэм и къабзагъэр» (2009 гъэм шыщхьэуIум и 12-м), «ЩIалэгъуалэм заужьынымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхузэфIэкIынур» (2009 гъэм ­фокIадэм и 5-м), «ЦIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ къару» (2009 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м), «Къэбэрдей-Балъкъэрыр хьэ­щIэхэм пщIэ щыхуащI щIыналъэщ» (2010 гъэм шыщхьэуIум и 18-м), «Лэ­жьакIуэбэм я къыщхьэщыжакIуэ» (2010 гъэм фокIадэм и 21-м), «Узыншагъэм нэхъыщхьэ щыIэкъым» (2011 гъэм ­жэпуэгъуэм и 11-м), «ЗэфIэдгъэкIахэр мащIэкъым, нэхъыбэж къытпэщытщ» (2012 гъэм мазаем и 6-м), нэгъуэщI куэди. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, гъэхуауэ а тхыгъэхэм Таум къыщиIуэтахэр, Iуэху еплъыкIэу щызэпилъытахэр нобэрей ди гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Нэхъыщхьэжращи, бэм я гум къопсэлъыкI.

Жылагъуэ  палатэм
щыщыIам

Урысей Федерацэм Жылагъуэ палатэ къыщызэрагъэпэщу щIадза нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы и япэ гупым 2005 гъэм хагъэхьар нэ жанкIэ гъащIэм пхыплъыф, екIуэкI Iуэхухэм нэхъыщхьэу хэлъыр куууэ зэпэзышэчыф Тау Пщыкъанщ. А зэманым УФ-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэт академик цIэрыIуэ Велихов Евгений. ЩIэныгъэлI щэджащэм и зэфIэкI лъагэхэм щыгъуазэт ди къэралми хамэ щIыналъэхэми я еджагъэшхуэхэмрэ политикхэмрэ. Тау Пщыкъан УФ-м и Жылагъуэ палатэм щызэфIиха лэжьыгъэфIхэм я щыхьэт наIуэт абы езы Велихов дыдэр къызэрыхущыта щIыкIэр. Аращ зи жэрдэмыр Таур ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и япэ (2009 гъэ), етIуанэ (2012 гъэ) зэхуэсхэм я тхьэмадэу ягъэувауэ зэрыщытари. 
«2009 гъэм къыщыщIэдзауэ сэ Жы­лагъуэ палатэм сыщылэжьащ, Таум и къуэдзэ къалэныр згъэзащIэу. КъызэдгъэпэщагъащIэ IэнатIэм и лэжьыгъэр зэтеублэн хуейт, властымрэ Жылагъуэ палатэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъу, цIыхубэм яфI къызэрыкIын Iуэхугъуэхэр зэфIэхыпхъэт, - къыпещэ и псалъэм Федченкэ Людмилэ. - Арами, Пщыкъан къэлэнджакъым, республикэм, бэм я сэбэп зыхэлъхэр дэгъэкIы­ным зи гъащIэ псор тезыухуа щIэныгъэлI, унафэщI IэкIуэлъакIуэр еувалIэри, IуэхущIэр иригъэжьащ, я хэщIапIэу щытынур игъэбелджылыри, Iэ­щIа­гъэлI Iэзэхэр къыхихащ, зыхуеину Iэмэ­псы­мэхэр, техникэр зэригъэпэщащ. Тау Пщыкъан нэхърэ нэхъыфIу а Iуэхур зэфIэзыхыфыни щыIэу къы­щIэкIынтэкъым. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ягъэува нэужь, абы и акъы­лыфIагъыр здынэсыр абдежым нэхъри нэхъ гурыIуэгъуэ щыхъуащ. Къэрал, жыла­гъуэ IэнатIэхэм я пашэу илъэс куэдкIэ лэжьа Пщыкъан иубзыхуащ ди жыла­гъуэ палатэр зэрылэжьапхъэ планыр, зэман кIэщIым зэфIигъэкIыпхъэхэмрэ абыхэм къакIэлъыкIуапхъэ Iуэхугъуэ­хэмрэ наIуэ къищIу. А псоми щегуп­сыскIэ, Пщыкъан гулъытэншэ ищIыртэкъым республикэм щыщыIэ ­социально-политикэ, жылагъуэ-экономикэ щыты­кIэхэр. Абыхэм ящыщу Таум япэ иригъэщат щIыналъэм щытепщэ хъуа экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэ­щIэувэныр. А Iуэхугъуэр абы къыщыхилъхьат Жылагъуэ палатэм и япэ дыдэ зэIущIэм. Абы къыдэкIуэу, Пщыкъан и унафэм щIэту, Жылагъуэ палатэм хэтхэм республикэм и щIыпIэ псоми щедгъэкIуэкIат цIыхубэ зэхуэсхэр, абыхэм къыщызэдгъэпэщат ди IэнатIэм и къудамэхэр». 
А щIыкIэм тету, Жылагъуэ палатэм къыщаIэтащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, Iэп­хъуэ­шапхъуэ Iуэхухэм, демографие щы­тыкIэм, щIыуэпсыр, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, ди республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми епха Iуэхугъуэ куэд. Палатэр нэсырт хьэрычэтыщIэу щымыт зэгу­хьэныгъэхэм я лэжьыгъэми. А Iуэхугъуэ псори гулъытэншэу къыщынэртэкъым ди унафэщIхэм я деж. Езы Велиховым зэрыжиIэти, КъБР-м и Жылагъуэ палатэр халъытэрт езым хуэдэ щIыналъэ IэнатIэхэм я нэхъыфIхэм. Ар и фIыгъэт, псом япэрауэ, абы и унафэщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ щыпкъэ икIи зэхэщIыкI куу зиIэ Тау Пщыкъан Къес и къуэм. 
Республикэм граждан жылагъуэ щызэфIэувэным, зыщиужьыным а цIыху гъуэзэджэм, Тау Пщыкъан, зэ­фIэкIышхуэ ирихьэлIащ. Абы теухуа псалъэхэр ирикъун папщIэ, жытIа псоми дэщIыгъужыпхъэщ Пщыкъан дахэу уэрэд зэрыжиIэри, ар екIуу усэ къызэреджэри. ­Таур щылажьэ стIолым сытым дежи куэду телъщ тхакIуэ, усакIуэ, философ цIэ­рыIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэр. Ар апхуэдизкIэ гурыхуэщи, зи щIалэгъуэ куэд ехъуэ­псэнри хэлъщ. Къи­нэмыщIауэ, Пщы­къан уепсэ­лъы­лIэнми IуэхукIэ зыхуэб­гъэ­зэнми зыри хэлъкъым - зыми емы­пэгэкI цIыху тыншу къэнэжащ ар.
Мы зэманым экономикэ щIэныгъэ­-хэм я доктор Тау Пщыкъан КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Эксперт-аналитикэ IуэхухэмкIэ сове­тым и унафэщIщ. Нэхъыжьхэми нэхъыщIэ­хэми я деж пщIэшхуэ щызиIэ тхьэмадэм и ныбжьыр нобэ илъэс 85-рэ ирокъу. Пэжыр япэ изыгъэщ, зи сэбэп куэд цIыхухэм езыгъэкIа Тау Пщыкъан и лэжьэкIэр, и Iуэху зехьэкIэр иджыпстуи щапхъэщ. Абы щIыхь пылъу къызэ­ринэкIащ гъащIэм и нэпкъыжьэу къы­жьэхэуа­хэри, зэхъуэ­кIыныгъэ кIыхьым къыдэу­нэхуауэ щыта гугъуехьхэри. 
НэхъыжьыфIым, хэкупсэ нэсым до­хъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, и къарурэ и зэфIэкIрэ мыкIуэщIу, лъэпкъым, Хэкум фIы зэрахуилэжьыным хущIэкъуу иджыри куэдрэ псэуну.

АНЗОРЫКЪУЭ  Аслъэмырзэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.