ПСЫБЕЙ-ПСЕБАЙ-КХЪУЖЬЫБ

Краснодар крайм и Мостовской районым мы цIэр зезыхьэ жылэу итым и «тэхъуанэщ» Лабэ ЦIыкIу зи фIэщыгъэ псым и тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухар.

Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэм зэреджэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ. Лабэ ЦIыкIу абдежым къыщыхэлъэдэж псы къуэпсхэм язу мы зэманым урысхэм «Псебайкэ» зыхужаIэри зи гугъу тщIы фIэщыгъэм и благъэщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, иужьрейм ехьэлIауэ а щIыпIэм щыпсэуа адыгэхэм нэхъ къагъэсэбэпу щытар «Кхъужьыб» фIэщыгъэрщ, «кхъужькIэ бей къуакIэ» кърагъэкIыу.  

Тхыдэм щыщ  

Урыс-Кавказ зауэр здекIуэкIым, 1856 гъэм пащтыхьыдзэхэм Кхъужъы́б (Псыбей) дэсахэр зэхэзехуэн ящIу, езы къуажэри зэтрагъэсхьа иужь, зэрыпхъуакIуэхэм а щIыпIэм быдапIэ къыщагъэунэхуащ.

Тхыдэтх Щербинэ Фёдор «История Кубанского казачьего войска» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, «1856 гъэм Лабэ и кIыхьагъкIэ бгым кIэщIыхьэу зыщызыгъэбыда урыс дзэлIхэм ипщэ лъэныкъуэмкIи зыхуэныкъуэу къалъытэ гъуэгухэри щыпхашырт, Шэдыкъуэ (Шедок), Псыбей быдапIэхэр щаухуэрт».   

А лъэхъэнэ гуащIэм зауэр иджыри имыухыпауэ, хэкурысхэм я унапIэ итIысхьахэм 1862 гъэм Псыбей быдапIэм «ирагъэблэгъащ» а щIыпIэр къэзызэуа сэлэтхэм Урысей пхащIэм къыщагъэна я унагъуэм исхэмрэ Новопокровскэ станицэм щыщ къэзакъхэм я Iыхьлыхэмрэ.  

Къыхэгъэщыпхъэщ, урысхэм зи гугъу тщIы Псыбей къуажэщIэр а цIэ дыдэр зезыхьэу Лабэ ЦIыкIу къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псы къуэпсым деж зэрыщаухуауэ щытари.

ИкIи, дгъэщIагъуэр аращи, дэс щIагъуи щымыIэу, мащIэ-мащIэурэ зыкъэзыужьа жылэм, ин хъужауэ мы зэманым, Лабэ ЦIыкIу и Iуфэу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыIэм километр 12-кIэ дехыу, тIуащIэ дахэшхуэм зыщиукъуэдиящ. Зыхиубыдэ районым и къуажащхьэ Мостовской ар зэрыпэжыжьэр километр 27-кIэщ.

Къалэ теплъэ зиIэ къуажэшхуэр псыр здежэхымкIэ нэхъ къыщыпэгъунэгъу Шэдыкъуэ (Шедок) километр 27-кIэ пыIудзащ. КъуэкIыпIэмкIэ (Лабэ ЦIыкIу узэпрыкIмэ) абы къыпэщысщ Андрюки (Мерэтыкъуэ Къасым зэритхымкIэ, Андрыгу) зыхужаIэ станицэр.

КуэдкIэ нэхъ хуэищхъэрэу Лабэ и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iус Курганинск къалэм къикIыу Псыбей нэс кърашэлIауэ щыта гъущI гъуэгу къудамэу километр 95-рэ зи кIыхьагъыр нобэр къыздэсми мэлажьэ.

ЩIыуэпс

Къалэ теплъэ зиIэ къуажэшхуэр здэщыс щIыпIэм къыщыщIедзэ Iэшэлъашэм и нэхъ дахапIэм. Къыпэгъунэгъу Къырылъэ шытхым ипщэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр апхуэдизу задэщи, языныкъуэхэр метрищэ зыбжанэ зи лъагагъ щыхупIэщ. ЩIыпIэрысхэр абыхэм зэреджэри телъыджэ къыпщохъу: «Амэт и щыхупIэ», «Щыхьым и епкIапIэ», «Джэрпэджэж шытх», нэгъуэщIхэри. Мыбдежым гъуэдыдж-гъуэжлаухэри, бгъуэнщIагъхэри щыкуэдыщэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм яхэбгъуэтэнущ километр зыбжанэ зи кIыхьагъхэри.

ЩIыпIаплъэхэр Псыбей ипщэкIэ къыщыс Никитинэ къуажэ цIыкIум икIыурэ, Лабэ ЦыкIу и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ псыкъелъэхэм макIуэ, бгыщхьэ тафэхэм йохьэ, Хуэдз псы бгъунжу мыпхуэдиз зи кIыхьагъыр зи къежьапIэ ТхьэщIы IуащхьэжьымкIэ екIуэкIыжхэри яхэтщ.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж