ХЬЕЙМАЩЭ И ПЭЖЫПIЭР

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпсэухэм я закъуэ мыхъуу, Урысейм къикIа къэхутакIуэхэми къахуэ­щIа­къым  ХьеймащэкIэ    ды­зэджэ хъупIэ телъы­джэм и щэхур. ЕкIэпцIэ­къуэ, Гундэлэн, Тызыл, Къармэхьэблэ я зэхуакум дэлъ щIы километр зэб­гъузэнатIэ 30-м гъэщIэгъуэ­ну къыщыхъухэмкIэ хэIуащ цIыху цIыкIум.

Совет зэманым а хъупIэм Iэщ куэд яхурт, зэрыжаIэмкIи, ахэр щыбагъуэрт, гъэшми къыщыщIигъурт. Ауэ узыгъэгузави щыIэт: Хьеймащэ щыIэ ­къуэ­кIийм  и кумб бжыгъэн­шэхэм я  нэхъ инитIым ярыт псым ефэну еха былымыр къы­дэкIыжыфтэкъым, псым­ хэхуэрти, итхьэлэрт.

Дызытепсэлъыхь кумбхэм я къэунэхукIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. КъызэрыгуэкI цIыху­хэр а щIыпIэм щошынэ, къагурымыIуэ куэд зэрыхэлъым къыхэкIыу.

ХъупIэм и фIэщыгъэцIэр къызытехъукIам и гугъу пщIы­мэ, зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ игъуэтащ абы. Псалъэм папщIэ, нэхъ пасэм а щIыпIэм зэреджэу щытар Хъер­мащэщ - Iэщыр зэры­щыбагъуэм, хъер зэрыхъум къыхэкIыу. ИужькIэ, къуэ­кIийм еха былымыр къы­дэмыкIыжыфу кIуэд щыхъум, цIыхухэм «Хъермащэкъым ар, Хьеймащэщ ­ахъу­мэ!» жаIэу щIадзащ, мыа­рэзыуэ. Языныкъуэхэми зэрыжаIэмкIэ, ХьэмащэкIэ еджэу щытащ къуэкIийм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ща­кIуэхэм къуэкIийм къупщхьэ иракIутэрт, абы къишэну дыгъужьхэм ещакIуэу.

Хьеймащэ кумбым и гъуа­нэпщIанэхэр къызыхэкIам утепсэлъыхьмэ, абыи еп­лъыкIэ зыбжанэ иIэщ. Урысейм ГеографиемкIэ и жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Мысырджэн МуIэед зэрыжиIэмкIэ, Хьеймащэ и кумбхэр вагъуэижхэм (метеоритхэм) къраудауэ аращ.

- 1993 гъэм Хьеймащэ и щыгум вертолёткIэ дыкъихьэри зытплъыхьауэ щытащ. Абы щыгъуэ дэ къэдбжащ кумб 300-м щIигъу. Псы зэрытыр кумбитIыр аращ, адрейхэр цIыкIущ. ЯпэщIыкIэ, къытщыхъуащ астрономиемкIэ мыхьэнэ гуэр иIэу сыту жыпIэмэ, Ва­гъуэзэшиблым ещхьу, кумб зыбжанэ зэпэщылъу къыхощ. ИужьыIуэкIи, 1998 гъэм, нэмыцэ къэхутакIуэ гупым ящIыгъуу сыщыIащ Хьеймащэ. Абыхэм зэры­хуагъэфэщамкIэ, кумбхэр вагъуэижхэм къраудауэ аращ, уэшхым хуэдэу къытещащэри, - жеIэ МуIэед.

Урысей экспедиторхэр иджыблагъэ щыIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Хьэрэ-Кхъуэрэ и бгъуэнщIагъым ехащ, Хьеймащи къап­лъы­хьащ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Кърымым щыIэ «Караби Яйла» бгы сэтхым (плато) ещхьщ Хьеймащэр, зэтIолъ­хуэныкъуэм хуэдэу. Абы ­тепщIыхьмэ, Хьеймащэ и кумбхэр къизыудар ва­гъуэ­и­ж­­хэракъым, атIэ щIым сэху куэду зэрыхэлъым къы­хэ­кIыу, уэшхыпсымрэ щIы ­лъабжьэм щызекIуэ псым­рэ ялъэсри, гъуанэпщIанэ хъуауэ аращ. Ар пэжмэ, Хьеймащэ и лъабжьэм ­бгъуэнщIагъышхуэ щIэтщ псы иту, армыхъумэ, апхуэдиз Iэщыр здэбзэхар дэнэ?!

Хьеймащэ и къуэкIийр ­вулканым и Iуфэу жызыIи щыIэщ. Iуащхьэ ди гугъэу, вулкану къыщIэкIыжа лъагапIэ куэд Кавказым зэ­ры­щыIэр щэхукъым. Псалъэм папщIэ, Казбек, Iуащхьэмахуэ, Кавказ тхыцIэм пэ­жыжьэу къэунэхуауэ щыта Iуащхьэ щхьэхуэхэр.

ЗэрытщIэщи, ЩIым и куп­щIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэ­къуалъэри, гъуэзымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэ­фэм къыдрехуей. Апхуэдэущ ди Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр) къызэрыунэхуар. Ди щIы­пIэм щыIэ Iуащхьэхэр илъэс мелуани 4 мэхъу къы­зэ­рыунэхурэ. Хэт ищIэрэ, а зэман жыжьэм нэхъапэж ­лъэхъэнэ гуэрым къэунэ­хуауэ щыта, щэщэжа вулканым и Iуфэу къыщIэкIынкIэ хъунущ Хьеймащэ кумб­ри.

Мысырджэн МуIэед зэрыжиIэмкIэ, иджыблагъэ щы­Iащ Хьеймащэ икIи гъэщIэгъуэн гуэр илъэгъуащ:

- ЗэрыжысIащи, Хьеймащэ и кумбхэм ящыщу тIуращ псы зэрытыр. Ауэ иджы дыдэ ещанэ гъуанэр (метри 3 и бгъуагъщ) къэунэхуащ, псы иту. ЩIыр ехащ, убгъэдыхьэну шынагъуэщ. Зыми ищIэркъым а псыр дэнэ къикIми, ауэ языныкъуэ ­гъуанэхэм метри 150-рэ я ­куууагъщ, - жеIэ абы.

Къыхэгъэщыпхъэщ Къармэхьэблэ щыIэ, ШэдхъурейкIэ дызэджэ гуэлыр ды­зытепсэлъыхь бгъуэнщIагъ лIэужьыгъуэм зэрыщыщыр. Ди нэхъыжьхэм жаIэжу щытащ Шэдхъурей зы жэщым къэунэхуауэ, ар къыщыунэхуа жэщми а щIыпIэм деж нэху къыщекIыну щепсыха мэлы­хъуэм и мэл гуартэр зэри­гъусэу щIилъэфауэ щытауэ. «Илъэс зыбжанэкIэ псыщ­хьэм мэлыцыр къыдри­хь­еящ абы иужькIэ», - жаIэж цIыхухэм.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.