САУГЪЭТ НЭХЪЫЩХЬЭХЭР ЗЫIЭРАГЪЫХЬЭ![]() Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 12 - 13 ит сабийхэм каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэм 55-м икIа спортсмен ныбжьыщIэ 800-м щIигъу. Къэбэрдей-Балкъэрым и щIыхьыр Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм щахъумащ каратист 11-м. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм ди спортсменхэм дыщэ медалу тIу къыщахьащ. Къапщтэмэ, зи хьэлъагъыр килограмм 40-м нэблагъэхэм я гупым хэта псоми текIуащ икIи зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ Джылаш Муслим. Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ къихьащ килограмм 42-рэ зи хьэлъагъ Гуэбэшы Арнеллэ. МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|