Я гур зэпэджэжу

Бгыжьхэр зыщIэдэIуа усыгъэр зэ­- ман джэрпэджэжым зэIэпех-зэIэпелъ­хьэ. Псэр зыгъэпIейтей, узыгъэхуабэ, узыгъэхъуапсэ, къару пхуэхъу, узыIэт сатырхэр Iуащхьэмахуэ хиIыгъэм хуэ­дэщ жьы къабзэм. Илъэс къэс «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэ­кIуэкI «Чегет усэ дыкъыщоджэ» («Чтения на Чегете») пшыхьхэр «Усыгъэм и къекIуэкIыкIэ» («Круговорот поэзии») проектым щыщщ. Усыгъэр зы­фIэ­фI­-хэр 2700-рэ лъагапIэм япэу щызэ­хуэсауэ щытащ 2018 гъэм - усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ гукъэкI ищIат усыгъэр лъагапIэм щигъэIуну. 60 гъэхэм абы щаухуауэ щыта «Ай» шхапIэм я усэхэм къыщеджэу, уэрэдхэр щыжаIэу щытащ Высоцкий Владимир, Визбор Юрий сымэ. 

Чегет щыIуащ усыгъэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, шэшэ­ныбзэкIэ, ингушыбзэкIэ. Ар теухуауэ ­щытащ усыгъэм и махуэм. Iуэхур даIы­гъащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ     и министерствэм, «Ростелекомым», «Чегет» кIапсэ гъуэгу комплексым. 
- Илъэс къэс догъэщхьэхуэ хэт и усэ ­дыкъеджэнуми е сытым теухуауэ щытынуми. Нобэрейр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм хухэтхащ, жиIащ ­Къаныкъуэ Заринэ пшыхьыр къыщызэ­Iуихым.
- Чегет усыгъэр зэрыщыIур куэд и уасэщ. Мыбдеж усэ къыщеджэхэм, щIэ­дэIухэм я гур псыхьа мэхъу гуапагъэкIэ. Мыр гупсэхугъуэщ икIи гъэсэныгъэщ. Ди IуэхущIапIэм литературэ, гъэсэныгъэ, тхылъ Iуэху зэрыщызетхуэм къыхэкIыу, дэри фи пшыхьхэм докIуэ. Къапщтэмэ, «Жан» зэгухьэныгъэм щевгъэкIуэкI Iуэхухэр щхьэпэ защIэщ. УсакIуэ нэхъыжьхэм ятхахэр вгъэIуми, нэхъ щIалэIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэн утыку фахуэхъуми, анэдэлъхубзэр хъу­мэным фытелажьэми - псори йокIуэлIэж щIэблэ гъэсэныгъэм. Ар уасэ зимыIэщ, - жиIащ «Общество книголюбов» зэгу­хьэ­ныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Ната-           лье.
Режиссёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гумэ Маринэ тепсэлъыхьащ усэ ­пшыхь­хэр зэраублауэ щытам, зэрызиужьам, и мыхьэнэм. 
- «Гъэм и теплъэгъуэхэр» зыфIэтща усэ пшыхьхэм къыпызыщэщ мы Iуэхури. ЦIыхухэм усыгъэ нэсыр едгъэцIыхунырщ ди мурадыр. Ди усакIуэ нэхъыжхэм ят­хахэр къыдощтэжри дыкъоджэж, цIыху­бэм захыдогъэх. Щхьэж и усэ къеджэкIэ иIэжщ мыбдеж щызэхуэсхэм, усыгъэм псэ зэрыхалъхьэ Iэмалхэр зэрызэ­мыщхьыр сфIэфщ. КупщIэ зиIэ, узыгъэгупсысэ усэхэр ди куэдщ усакIуэ пажэ­-хэм ятхауэ, зи усэбзэр хуиту къызэрыкI ­нэхъ щIалэIуэхэми гугъэ дагъэщI. Ауэ псалъэхэр мыхьэнэншэу зэзыгъэпцIхэри щыIэщ, мыхъумыщIэр утыку къащIыну и ужь иту. Апхуэдэм зыщытхъумэн хуейщ. Ди пшыхьхэм щыдогъэлъагъуэ фIыр, ­дахэр, екIур. 
- Сэ илъэс къэс Чегет усэ сыкъыщоджэ. Пэжым ухуеймэ, илъэс псом гурэ псэкIэ сыпоплъэ мы Iуэху дахэм, мыбдеж щызгъуэтащ ныбжьэгъухэр. Дызэрызэхуашэ­сым и хъыбарыр къызэрысIэрыхьэу щIе­дзэ си гуфIэгъуэм: абы зэрызыхуэзгъэ­хьэзырыр, сыкъызэджэну усэхэр къы­зэ­рыхэсхыр, гъуэгу дытетыху зэхэтхыну гушыIэ дахэхэр, шхапIэм я ерыскъы IэфIыр, канаткэм дызэрисыр, усыгъэу сы­зыщIэдэIур - псори сызыгъэнщIщ. СфIэфIщ унагъуэ дахэм хуэдэу дызэ­рызэхэтыр! - жиIащ Мэкъуауэ Ислъам.
Байсултановэ Инарэ, Ислъам и псалъэхэм къыпищэу, къыхигъэщащ Усыгъэм и махуэр щагъэлъэпIэнум Илъэ­сыщIэм хуэдэу зэрыпэплъэр. 
- Усыгъэр сэркIэ гум и зыщIыкIэщ. Абы сыщопсэу, сепсыхь, сегъэхуабэ. Дауи, мыбдеж усэ сыкъыщеджэныр сэркIэ пщIэщ, - къыхигъэщащ абы. 
ЕгъэджакIуэ Кульбаевэ Ларисэ жиIащ усыгъэ пшыхьхэм и гуапэу зэрыхэтыр, «Жан» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI Iуэ­хугъуэхэм зэрыкIэлъыплъыр икIи ар и еджакIуэхэм щапхъэу зэрахуигъэлъа­гъуэр. 
Гуманитар техникэ колледжым щы­лажьэ Къардэн Анжелэ иригъаджэхэр щIыгъуу хэтащ пшыхьым. Студентхэу ­Нахчиевэ Селимэрэ Узиевэ Лианэрэ шэшэныбзэр Чегет щагъэIуащ. Мазуренкэ Маринэ къеджащ иджыблагъэ къы­дэкIа и усэ тхылъым итхэм щыщ. Хэкум, гухэлъым, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэм, щIыуэпсым теухуат Мэкъуауэ Ислъам, Байсултановэ Инарэ, Жыгуэ Иннэ, Бес­лъэней Ленэ, МэшылI Жаннэ, Гугъуэт Заремэ, ТекIужь Заретэ, Джэду Сэчинэт, Шэрдан Лилианэ сымэ къызэджахэр. 
КъыкIэлъыкIуэу усыгъэм и пшыхь ­щрагъэкIуэкIыну къыхахащ Шэрэдж ­щIыналъэр. Гуэл щхъуантIэхэм ирагъэб­лэгъэнущ ди гъунэгъу республикэхэм щыщ хьэщIэхэри. 

Гугъуэт  Заремэ.

Сурэтыр  Шыбзыхъуэ
Астемыр трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.