РЕСПУБЛИКЭМ ЩЫЩ ГВАРДЕЙЦХЭР ДАIЫГЪ

Лъэпкъ гвардием и 2-нэ дзэ госпиталу Псыхуабэ къалэм дэтым щIэлъ зауэлIхэм папщIэ псапэ Iуэху иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм. 

Акцэм хыхьэу абы концерт щатащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студентхэмрэ КъБКъУ-м и «АмикС» гупым щыщхэмрэ. Апхуэдэуи концертым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ. 
- ФIыщIэ фхудощI дзэ къулыкъущIэхэм гулъытэ къазэрыхуэфщIам папщIэ. ЩIалэхэм я гукъыдэжыр къэфIэтащ икIи ар хуэщхьэпэнущ абыхэм я узыншагъэр нэхъ псынщIэу зэфIэувэжыным, - жиIащ госпиталым и унафэщIым и къуэдзэ подполковник Рудаков Владимир. 
Iуэхур къызэрагъэпэщащ «Кавказ гъунапкъэ» дзэ-хэкупсэ къэлъыхъуакIуэ гуп» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ «Мирт» социощэнхабзэ проектхэр дэIыгъынымкIэ центр» АНО-мрэ я жэрдэмкIэ. Апхуэдэуи госпиталым щIэлъхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ яIэрыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэм къабгъэдэкIыу. 
 

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж