УЗЫФЭ ШЫНАГЪУЭМ ЗЭРЫЗЫКЪУИГЪАЩIЭ ЩЫТЫКIЭХЭР

Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм къыдагъэкIащ «Лъатэр лышхым зэриубыдам щыхьэт техъуэ щытыкIэхэм» теухуа тхылъ. Мы узыфэ лIэужьыгъуэр дуней псом нэхъ зыщызубгъуахэм ящыщщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. 

- Лъатэ лышхыр цIыхум къызэреуалIэм тепщIыхьмэ, 6-нэ увыпIэм щытщ. Мы узыфэм и сыт хуэдэ лIэужьыгъуэми ещхьу, ар щIидзагъащIэу къахутэмэ, лъэужьыншэу тхуогъэхъуж. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2-нэ стадием нэсам и процент 60-рщ дызыпэлъэщыр, - жеIэ Ипщэ Федеральнэ ЩIыналъэм и онколог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор нэхъыщхьэ Кит Олег. 
Лъатэм лышх узыфэр къызэреуэлIам и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр: бынжэм ищхьэIуэу IэгупIэкIэ укъыдэIэбеймэ къыхоузыкIырей, ушхэфыркъым е уи ныбэр псынщIэIуэу из мэхъу, умымэжалIэу къыпщохъу, цIыхур псынщIэу уэд мэхъу, уи къэжьын къокIуэ, пшхам къегъэзэж (хьэжыгъэ фIыцIэм ещхьу хэлъу), цIыхум къыдехым фIыцIагъэ хэлъщ. А псоми къыдэкIуэу цIыхур псынщIэу йош, зыхуэужьыркъым. Мы къедбжэкIа щытыкIэхэр зыдэфлъэгъужмэ, нэхъ псынщIэIуэу дохур-терапевт, гастроэнтеролог е онколог зэвгъэплъ. 
Ростов дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъатэ лышхыр нэхъ зыхуэлъэхэм ящыщщ шыгъу, ерыскъы сыр, гъэжьа, IугъуэкIэ гъэгъуа куэдыIуэ зышххэр, фадэрэ тутынрэ ефэхэр. КъищынэмыщIауэ, щыIэщ лышхыр лъэпкъ узу къыздекIуэкI. Апхуэдэхэм я щIэблэм кIэлъыгъэплъыпхъэщ. Иджыри зы щхьэусыгъуэ - хеликобактер инфекцэ (Helicobakter pylori). Ар лъатэм ис, кIуэцIыр зыгъэуз, абы и лэжьэкIэр зытезыкъутэ бактерие лIэужьыгъуэщ. 
ЩIэныгъэлIхэм цIыхухэр къыхураджэ шхын пщтырыIуэрэ сыррэ ямышхыну, лъатэр зуIэн, зэран хуэхъун къупщхьэхэми хуэсакъыну, тутынымрэ фадэмрэ кIэрачыпэну. 
- ЗыгурыгъэIуэн хуейщ лышхыр узыфэ щэху-бзаджэу зэрыщытыр, къыщыщIидзари къыпхуэмыщIэу хэтIэсэнкIэ зэрыхъунур. Абы къыхэкIыу, илъэсым зэ дохутыр зэгъэплъын, лъы тын хуейщ. Лъатэ лышхыр нэхъ псынщIэу къэзыхутэфыр эндоскопиеращ, - къыхегъэщ Китым. 
 

Мысник Аллэ, Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и пресс IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ

01.06.2023 - 09:03

ГЪАЩIЭМ И ДАМЫГЪЭХЭР

Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щраг

01.06.2023 - 09:03

ПХЪЭIЭПЭ

Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ.

31.05.2023 - 12:25

УАХЭР ЗЫЩIЭЗЫШЭЩ

 Къыщысынур дымыщIэми…

Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэ щIэншэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ.