|
ЗАХУАГЪЭМ И ГЪУЭГУКIЭ
4 мая, 2022 - 06:35
Накъыгъэм и 1-р Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэщ
Дунейм къызэрытехъуэрэ цIыхур захуагъэм щIобэн. Пэжщ, куэдрэ зихъуэжащ ар абы къызэгурыIуэ щIыкIэм, ауэ езы бэнэныгъэм и купщIэр зыуэ къэгъуэгурыкIуащ: псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэхуэдэ Iэмалхэр яIэныр.
ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым дунейм и щIыналъэ псоми гуащIэрыпсэухэр гущIэгъуншэу щагъэпщылIырт. Лэжьэгъуэ зэманыр зы жэщ-махуэм сыхьэт 12-15-м нэсырт, уеблэмэ сабийхэми ящысхьыртэкъым. Я гуащIэми къыпэкIуэр мащIэ дыдэт, фабрикэхэмрэ заводхэмрэ зейхэр кIуэ пэтми нэхъ нэпсей хъурт, зыхущIэкъури зэрахузэфIэкIкIэ лэжьапщIэхэм кIэраудынырт. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ апхуэдэ щытыкIэ къэрал псоми зэрыщыIар.
Мис абы къыхэхъукIащ лэжьэгъуэ махуэр сыхьэти 8-м щIимыгъуу гъэувыным теухуа зэщIэхъееныгъэр. Абы зыщиубгъуу хуежьащ къэрал псоми. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ япэу зыкъыщиIэтар Австралие жыжьэрщ. 1856 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м абы и уэрамхэм дыхьа рабочэхэм яхузэфIэкIащ къагъэувхэр тепщэ гупхэм къырагъэщIэн. Апхуэдэ текIуэныгъэм игъэгушхуа цIыхухэр нэгъуэщI щIыпIэхэми бэнэныгъэм щыхыхьащ. 1886 гъэм накъыгъэм и 1-м Чикаго пэкIухэр щрагъэкIуэкIащ цIыху мин 40-м щIигъум. Ауэ мыбдеж Iуэхур нэгъуэщIу къыщыщIидзащ: мыгувэу заводхэм ящыщ зым апхуэдэ пэкIум хэта цIыху 1500-рэ я лэжьапIэхэм щыIуагъэкIащ. Апхуэдэу щыхъум, губжьа цIыху минхэм аргуэру зы забастовкэ зэхаублащ. АрщхьэкIэ полицейхэм уэрамхэм дыхьа гуащIэрыпсэу зыкъом зэтраукIащ, нэхъыбэж ягъэтIысащ, яубэрэжьащ.
А бзаджанэджагъэр тхыдэм хэмыгъуэщэжын папщIэ II Интернационалым и япэ конгрессу Прагэ 1889 гъэм бадзэуэгъуэм щекIуэкIам игъэуващ илъэс къэс накъыгъэм и 1-м мыарэзыныгъэм и пэкIухэр ирагъэкIуэкIыну икIи а махуэр къилъытащ гуащIэрыпсэу псоми я гуфIэгъуэу.
Дэ кIэщIу фыхэдгъэгъуэзащ зи гугъу тщIы махуэшхуэр къызытехъукIам. Иджы дыкъэIэбэжынти, Урысейм, Октябрь революцэм и пэкIэ, накъыгъэм и 1-р ди къэралым щэхуу щагъэлъэпIэн хуей хъурт. ЦIыхухэр ди деж хуиту уэрамхэм къыщыдыхьар 1917 гъэрщ.
СССР-р къызэрагъэпэща иужь ГуащIэрыпсэухэм я зэакъылэгъуныгъэм и дунейпсо махуэр (апхуэдэут абы зэреджэр) ди къэралым нэхъ щаIэт гуфIэгъуэшхуэхэм хагъэхьащ. Накъыгъэм и 1-м дзэ парадхэр, пэкIухэр ирагъэкIуэкIырт, зэщыхуэпыкIа цIыхухэр зэхъуэхъурт, зэщыгуфIыкIырт, уэрэдхэр щIыпIэ псоми щыIурт.
Ди зэманми а гуфIэгъуэр къэсащ. Иджы ар ягъэлъапIэ Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэу. И цIэр яхъуэжами, езы гуфIэгъуэм и купщIэр къэнащ: «Мамырыгъэ! Лэжьыгъэ! Накъыгъэ!» АтIэ ар гъуэзэджэкъэ?!
Шал Мухьэмэд.
|
01.06.2023 - 10:01 «Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм. |
|
01.06.2023 - 10:01 Новеллэ
|
|
01.06.2023 - 09:03 Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щраг |
|
01.06.2023 - 09:03 Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ. |
|
31.05.2023 - 12:25 Къыщысынур дымыщIэми…
Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэ щIэншэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ. |
|