ЗЭПЫЩIЭНЫГЪЭХЭМ ПАЩЭ

Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI ­«Къунакъ» лъэпкъ проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр иригъэжьащ. Гъэм и нэхъ щIэ­рэщIэгъуэ гъатхэм ирагъэ­кIуэкIыну мурад ящIа Iуэхум иджы хэтщ щIалэ 18, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм (адыгэ­хэм, балъкъэрхэм, урысхэм, тыркухэм, азербайджанхэм, нэгъуэщIхэми) ящыщу. Ахэр ди республикэм и районхэм къыхашащ.

Класс нэхъыжьхэм (къэрал экзаменхэр зытыну къызы­пэщылъ 9-нэ, 11-нэ классхэм щIэсхэр хэмыту) щеджэ щIалэхэр щыхьэщIэнущ нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ, езыхэм я ­ныбжь зэрыс унагъуэхэм. Зы тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ абыхэм зыщагъэгъуэзэнущ зыхэс унагъуэр къызыхэкIа лъэп-къым и псэукIэм, и хабзэхэм, апхуэдэуи ныбжьэгъу хуэхъуну щIалэ цIыкIум и гъусэу курыт школми кIуэнущ.
Къунакъхэр къыщыхахкIэ абы кърашалIэ щIыпIэ админист­рацэхэр. ЩIалэхэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэс, и ныбжь, IуэхущIафэ елъытауэ дэ­зы­хьэххэр къащIэ, я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зрагъащIэри, ахэр Iуэхум и къызэгъэпэща­кIуэхэм Iэрагъэхьэ. Абыхэм елъытауэ щIалэхэр зи хьэщIэ-ну унагъуэхэр къыхах. ИджыкIэ къэхъуакъым унагъуэхэм зэгурымыIуэ гуэр къыщихъуа, хьэ­щIэм е бысымым и жагъуэ хъун  Iуэхум къыщыхэкIа.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Къунакъ» Iуэхум къэрал мыхьэнэ иIэщ. Абы текIуадэ ахъшэр ­республикэм и мылъкум къы­зэрыхэкIым и мызакъуэу, а Iуэхум къэралым и мыхъур зэ­рытелъ къудейр узыщыгуфIыкI хъунщ, утезыгъэгушхуэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Къу­накъ» лъэпкъ Iуэхур йокIуэкI 2009 гъэ лъандэрэ. Ко­ронавирус уз зэрыцIалэм и ягъэкIэ зэхъуэкIыныгъэ мащIэхэр халъхьэн хуей хъуху, ар зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIыу ­щытащ. Ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэм и нэгъуэщI ­щIыналъэхэм къыщымыувыIэу, нэгъуэщI къэралхэми (псом хуэмыдэу адыгэ куэду щыпсэу Тыркум) щыщхэр хэту. Къапщтэмэ, нобэр къыздэсым абы хэтакIэщ щIалэщIэу 250-м щIигъу. «Гуапэ тщохъу Iуэхур зэфIэкIа иужь къунакъ зэхуэ­хъуа щIалэхэр зэфIэ­мы­кIуэ­дыжу адэкIи зэрызэныбжьэ­гъур. Абыхэм зэгъусэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэхэр къазэрыхэкIым къегъэлъагъуэ къунакъ IуэхумкIэ зэдгъэхъу­лIэну дызыхуей мурадхэр зэ-щIа зэрыхъур», - жаIэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм.
Iуэхур щрагъэжьа «Ак­рополь»-м дыщы­зэ­хуэ­зэ­жын папщIэ тхьэмахуэ дызэхуипIалъэщ. ЩIалэхэм зэ­маныр зэрагъэкIуар я нэгум къыщибджыкIыфыну кIэух зэIущIэр абы щыгъуэщ щы­щыIэнур.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.