КЪУЭКIЫПIЭ ЖЫЖЬЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Владивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэ­лы­жьыхьым и 25 - 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэ­кIэм­кIэ и зэхьэзэхуэ. Ма­хуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщ­хьэщыхауэ щыта гупип­щIым саугъэт нэхъыщ­хьэ­хэм щыщIэбэнащ къэ­ра­лым и щIыналъэ 47-м ­къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ.

БэнэкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт шко­лым и гъэсэнхэм абы щызыIэрагъэхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 7. Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр къахьащ Къарэгъул Анзор (кг 60-м нэблагъэ), Желдашев Валерэ (кг 72-м нэблагъэ), ­Гъуэныбэ Ауес (кг 82-м нэблагъэ), КIэмпIарэ Марат (кг 130-м нэблагъэ). Ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ Псэун Станислав (кг 82-м нэблагъэ), Абазэ Темболэт (кг 87-м нэблагъэ), Щад Уэсмэн (кг 130-м нэблагъэ) сымэ.

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.06.2023 - 09:14

ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ТРАУХУЭ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр.

02.06.2023 - 09:13

ХЪУМПIЭЦIЭДЖХЭМ Я БГЫР ЩIЭПСЫГЪУЭР

Алтай таурыхъ

01.06.2023 - 15:02

ХУАБЭМ ЗЫКЪЕВГЪЭЛ

«Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу.

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ