КОМАНДЭ НЭХЪЫЩХЬЭМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ масс-рестлингымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я Урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 32-м икIа спортсмен 200-м шIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу чемпионатым зыкъыщызыгъэлъэгъуа спортсмениблым иужьрей илъэсиплIым ди республикэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахьащ.
ЦIыхухъухэм я деж дыжьын медаль щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мас-рестлер нэхъ лъэщ Схвитаридзе Тамерлан. Домбеякъыр къихьащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм мас-рестлингымкIэ япэу спортым и мастер хъуа Къардэн Тимур.
ЦIыхубзхэм я зэхьэзэхуэм килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым хэтащ Урысей Федерацэм а спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ, Европэм и чемпион, Дунейпсо кубокыр къэзыхьа КъуэщIысокъуэ Кристинэ. Иджырей зэпэщIэтыныгъэм абы къыщыхуэхьар дыжьынырщ.
Ди спортсменхэр игъэхьэзыращ КъБР-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Гъубж БетIал.
Тэтэрстаным и къалащхьэм къыщыхэжаныкIахэр къэралым и командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ.

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.10.2023 - 10:01

Псори и чэзум зэфIагъэкIынущ

Тхьэмахуэ къэс екIуэкI «муниципальнэ сыхьэт» зэIу­щIэр зэхишащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

01.10.2023 - 10:01

НЭРИ ПЭРИ ЗЫХУЭХУ КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и I4-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ.

01.10.2023 - 09:03

Захуагъэмрэ пэжымрэ я гъуазэу

Краснодар крайм хыхьэ Сочэ къалэм ­тхьэмахуэ блэкIам щекIуэкIащ «Урысейр зэрыщыту-2023» иджырей журналистикэмкIэ 27-нэ зэхуэс ин.

30.09.2023 - 10:01

ЛIЫГЪЭ ЗЫХЭЛЪА ФЫЗАБЭХЭР

Сыту гуауэ икIи хьэлъэ фызабэ псалъэр. Арауэ къыщIэкIынщ дуней псом фызабэу тетым я махуэ хэха щIаIэжри.

30.09.2023 - 09:03

Япэ дитщ

Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм иджы­благъэ хэIущIыIу ищIащ ищхьэкIэ къикIыу хуау­тIыпщ ахъшэр (дотацэр) УФ-м и щIыналъэхэм къы­зэрагъэсэбэп щIы­кIэр.