Статьи на кабардинском языке

БэджэндыпщIэ мылъку

«ПсэупIэ» къэрал программэм хыхьэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым республикэм щаухуэнущ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 579-рэ, абы щыщу мин 24-р хыхьэнущ щIыпIэщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ программэм. Гулъытэ хэха хуащIынущ жьы хъуа, ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ унэхэм щIэсхэр фэтэрыщIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным. 

Европэр къапоплъэ

Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Анапэ къалэм щекIуэкIащ гъатхэпэм и 13 - 19-хэм. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен щIалэрэ хъыджэбзу 900-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17 хъухэу. 

Уней псэупIэхэрщ нэхъыбэр

2025 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи сом мелуан 863,8-рэ и уасэ зэфIагъэкIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 26-кIэ нэхъыбэщ ар. Апхуэдэу щыхъукIи, хэхъуэ нэхъыбэ къэзыгъэлъэгъуар унейуэ псэупIэ зыщIхэрщ.

Гъуэгуанэ дахэ къикIуащ

Налшык къалэм дэт, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэм зегъэужьынымкIэ Уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iущхэмрэ и Iущыцэхэмрэ» хэгъэгупсо зэхьэзэхуэм и XI БжьыгъуэзэфIэхь ныкъуэр. Ар теухуат Урысей географие зэгухьэныгъэр илъэси 180-рэ зэрырикъум.

«Сосрыкъуэрэ ху жылэмрэ» гу къылъатащ

«Родная игрушка» урысейпсо зэпеуэр къызэрагъэпэщащ «ЩIэныгъэ», «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысей зэгухьэныгъэхэм. Урысейм щыщу зэрыджэгу хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэм я хьэрычэт Iуэхур ядэIыгъыным, нэхъыщхьэжращи, щIэблэм къэралым къыщыщIагъэкIа зэрыджэгу хьэпшыпхэр яIэным, дихьэхыным хухэха зэпеуэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр иджыблагъэ къапщытащ.

Хэкур дэращ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ «Хэкур дэращ» къэралпсо пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

Гукъыдэжым къигъэуш телъыджагъэр уасэншэщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезы­хьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дэтхэнэ и зы гъэлъэгъуэныгъэми дахагъэ къыхэпхыфынущ. Арагъэнущ театрым и ныбжьэгъуфIхэм сценэм иту гъащIэм и лъэныкъуэ куэд наIуэ тщызыщI артистхэр я гум, я псэм щIыхуахьыр, къахуэмыгъэсу абыхэм я джэгукIэм ахэр щIыпэплъэр.

Щэнхабзэр зыгъэкIуатэхэр

Гъатхэпэм и 27-м Налшык щагъэлъэпIащ Театрым и лэ­жьакIуэхэм я дунейпсо махуэр. Пшыхь гуапэр къызэригъэпэщащ УФ-м и Театр лэ­жьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм.

ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыпоплъэ

КъБР-м и Iэтащхьэр щыIащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетымрэ абы и къудамэу Налшык ­къалэм Толстойм и цIэр зезыхьэ уэрамым тетымрэ.

Тэрч щIыналъэм япэу щIедзэ

Вэн-сэн лэжьыгъэхэр

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке