Статьи на кабардинском языке

ЩIалэгъуалэр Iейм щахъумэн мурадкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 26-м иригъэкIуэкIащ Наркотикым пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комиссэм и зэIущIэ.

Кабардинка»-р Марашрэ Гёксунрэ къыщофэ

Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну Тыркум къэкIуа гупыр япэ махуэм иригъэблэгъащ Мараш къалэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэн­хабзэмкIэ и министр Къу­махуэ Мухьэдинрэ Эркоч Фатхьи Мехметрэ щIыналъитIым я щэн­хабзэ зэпыщIэныгъэ­хэм, адыгэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэ­шыныгъэм, нэгъуэщI Iуэху дахэхэми теп­сэ­лъыхьахэщ.

ЦIыхухэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыныр Iуэху нэхъыщхьэщ

КIуэкIуэ Ю. А. хэтащ Урысейм и МЧС-мрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа селектор зэIущIэм

Бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр къапщытэ

КъБР-м и Правительствэм бадзэуэгъуэм и 24-м щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и IуэхущIапIэхэр 2018 - 2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырынымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ - республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир.

«Си гъащIэ ябгэр щызухынум, Шы жэр сытесу сыреух…»

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщо­къуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ щрикъум ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж.

Ныбжьэгъу щыпкъэт

Жылэтэж Сэлэдин сэрэ Арщыдан ­къуажэм дыкъыщыхъуащ, курыт еджапIэри къызэдэдухащ. Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ, жыхуаIэращи, пасэу тхэн щIидзат. Абы зэрыцIыкIурэ гущIэгъу хэлът. СощIэж Пионерым и махуэр дгъэ­лъапIэу Арщыдан мэз лъапэм ды­щыIэу, зыми гу зылъыдмыта блэшхуэр башым фIэлъу къызэрихьар. ЯпэщIыкIэ дигу­гъащ абыкIэ хъыджэбз цIыкIухэр игъэщтэну арауэ.

ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэшхуэ

Кърымым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Республика Форос - 2018» зыфIаща дунейпсо щIалэгъуалэ форумым и 20-нэ зэхыхьэр. Абы хэтащ ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмкIэ Урысей академием (РАНХиГС) и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институтым экономикэмкIэ, управленэмрэ правэмкIэ и факультетым и 2-нэ курсым и студенткэ Шихмагомедовэ Джулинэ.

«Iуащхьэмахуэ» курортым и лэжьэкIэр егъэфIэкIуэным топсэлъыхь

Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэ­рэм и IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Байсултанов Одес бадзэуэ­гъуэм и 19-м Москва щригъэкIуэкIащ илъэс псом лажьэу Къэбэрдей-­Балъ­къэр Республикэм щыIэ «Iуащхьэмахуэ» курортым и инфраструктурэр къы­зэрагъэсэбэпым, илъэс гъунэгъу­хэм абы зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIы­пIэхэм ятеухуа зэIущIэ.

УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм гъэсэныгъэмкIэ я паркым и къудамэ КъБР-м къыщызэIуахыну я мурадщ

КIуэкIуэ Ю. А. хуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Никифоров Е. В.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Юрий дыгъуасэ Правительствэм и Унэм лэ­жьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Ни­кифоров Евгений.

Псыдзэм гузэвэгъуэхэр къимыхьын папщIэ

Гъэ кIуам и бжьыхьэ лъандэрэ Тырныауз къалэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Бахъсэн псым и жапIэр зэтес щIыным, ятIэпсхэр нэхъ къыщрихьэх щIыпIэм хуэзэу щаухуауэ щыта бетон кхъуафэр гъэкъэбзэным хуэгъэзауэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке