|
|
Статьи на кабардинском языке
21 июля, 2018 - 06:09
Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Байсултанов Одес бадзэуэгъуэм и 19-м Москва щригъэкIуэкIащ илъэс псом лажьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ «Iуащхьэмахуэ» курортым и инфраструктурэр къызэрагъэсэбэпым, илъэс гъунэгъухэм абы зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм ятеухуа зэIущIэ.
21 июля, 2018 - 06:08
КIуэкIуэ Ю. А. хуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Никифоров Е. В.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ Правительствэм и Унэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ 58-нэ армэм и командующэ, генерал-майор Никифоров Евгений.
21 июля, 2018 - 06:07
Гъэ кIуам и бжьыхьэ лъандэрэ Тырныауз къалэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Бахъсэн псым и жапIэр зэтес щIыным, ятIэпсхэр нэхъ къыщрихьэх щIыпIэм хуэзэу щаухуауэ щыта бетон кхъуафэр гъэкъэбзэным хуэгъэзауэ.
21 июля, 2018 - 06:06
Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.
ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,
Сыт щыгъуи гъащIэр
си щIэщыгъуэщ.
КI. А.
21 июля, 2018 - 06:05
Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 11 - 13-хэм Тулэ областым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ. Абы щIыгъуащ КъБР-м и Сату-промышленнэ палатэм хэтхэр, мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, туризмэм пыщIа IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
19 июля, 2018 - 07:08
Коллегием хэтхэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу округым щыIэм къыхигъэщхьхукIащ ди цIыхухэм я гъащIэр хъумэнымкIэ, абыхэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщынымкIэ Iуэху нэхъыщхьэр терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтыныр арауэ зэрыщытыр.
19 июля, 2018 - 07:07
КъБР-м и унафэщIхэр щогугъ жылагъуэхэр щIыуэпсым и щытыкIэм къыдэкIуэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм ящыхъумэным теухуауэ зэхалъхьа программэр 2019 гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ ягъэзащIэу щIадзэфыну. УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм и пэ къихуэу апхуэдэу ТАСС-м жриIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
19 июля, 2018 - 07:06
2018 гъэм цIыху гуп щхьэхуэхэр хущхъуэхэмкIэ, медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ, сабий ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ хущхъуэгъуэу щыт шхыныгъуэхэм-кIэ къызэрагъэпэщын мурадкIэ Урысейм и Правительствэм и Iэтащхьэ Медведев Дмитрий и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым федеральнэ субвенцэу сом мелуани 107-рэ хуэдиз хухахащ.
19 июля, 2018 - 06:51
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я редакцэхэм зэгъусэу къызэрагъэпэщ зэIущIэм и зи чэзу зэхыхьэр мызыгъуэгум Черкесск къалэм щекIуэкIащ. «Черкес хэкум» и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ зэхуишэсащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, бзэм, литературэм хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр.
17 июля, 2018 - 06:27
Финляндием и къалащхьэ Хельсинки дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ я президентхэу Путин Владимиррэ Трамп Дональдрэ я зэIущIэ. Ар куэд щIауэ дуней псор зыпэплъа Iуэхугъуэщ.
Путин Владимиррэ Трамп Дональдрэ мыпхуэдэу зыубгъуауэ иджы япэу зэхуэзэу аращ. Нэхъапэм ахэр зэман кIэщIкIэ щызэIущIар дунейпсо зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэращ.
Страницы
|