|
|
Статьи на кабардинском языке
4 декабря, 2018 - 07:08
КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щызэIущIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр зыгъэхьэзырахэмрэ. Ахэр «Доброволец России» урысейпсо зэхьэзэхуэм пхыкIащ икIи ирагъэджэнухэм хагъэхьащ.
3 декабря, 2018 - 09:08
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ жылагъуэ екIуэлIапIэу Налшык дэтым щахуэзащ и щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм.
3 декабря, 2018 - 09:07
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щэкIуэгъуэм и 29-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат, депутатхэр.
29 ноября, 2018 - 11:56
Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв С. В, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. сымэ.
29 ноября, 2018 - 11:55
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ республикэм щыпсэухэм дыгъуасэ щаIущIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и IуэхущIапIэм. Ар едэIуащ къыхуэкIуа цIыхуиблым я гуныкъуэгъуэхэм.
27 ноября, 2018 - 11:22
КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ «Анэм и щIыхь» медалыр сабий куэд зиIэ анэхэм зэрыратым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Дамыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубз тIощIым.
27 ноября, 2018 - 11:22
КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхуэсым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэр зэхуищIыжащ.
27 ноября, 2018 - 11:21
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щэкIуэгъуэм и 22-м пшыхь гуапэ щекIуэкIащ Анэхэм я махуэм теухуауэ.
26 ноября, 2018 - 10:51
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ унагъуэ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрызэхуахьэсыр зэхъуэкIыным теухуа зэIущIэ.
26 ноября, 2018 - 10:51
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ ЮНЕСКО-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и дунейпсо ассоциацэм, Урысейм, КъБР-м я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и егъэджакIуэ нэхъыжь Тураев Рустам и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Страницы
|