Статьи на кабардинском языке

Къафэм и гуащэ.

РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, къэфакIуэ Iэзэу щыта Шэру Соня къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ.

КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ.

Дыгъуасэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэ­щIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэ Ткачев Е. А, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.

«Партизан» Натхъуэ Бибрэс.

Израилым футболымкIэ и ко­ман­дэ къыхэхам и капитан Нат­хъуэ Бибрэс иджы­благъэ зэгу­рыIуэныгъэ ири­щIы­лIащ Сер­-бием щынэхъ цIэрыIуэ икIи щы­нэхъ лъэщ дыдэ Белград и «Партизан»-м. Ар абы хэтынущ дызыхуэкIуэ илъэсищым.

Пасэрей IэщIагъэ.

Мамбэт Иринэ еханэ классыр къыщиухым ирихьэлIэу, и адэм газетым хъы­барегъащIэ тету къилъэгъуат дэрбзэр IэщIагъэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэр Сабий художественнэ школым (Налшык ­къалэ) ирагъэблагъэу. Ар цIыхубз IэщIагъэу къилъытэрти, хъыджэбз цIыкIур абы хригъэтхащ…

Лъэмыжыр къагъэщIэрэщIэж.

Р-217 «Кавказ» гъуэгур зрикIуэ Бахъ­-сэн щIыналъэм хиубыдэ Къубэ-Тэбэрэ ПсыкIэхурэ я зэхуакум дэт лъэмыжыр къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэжри, лажьэу яутIыпщыжащ.

Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуей къуажэмрэ.

Урысейм и Къэрал ныпым и махуэр Iэтауэ щагъэлэпIащ Бахъсэн къалэм. Абы кърихьэлIат Мамхэгъ Хьэчим зи пашэ щIыпIэ администрацэм и лэ­жьа­кIуэхэр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ еджакIуэхэмрэ, къалэ­дэс­хэр, хьэщIэхэр.

ЕтIуанэ Iыхьэр къызэIуах.

Псыхуабэ щызэхэт щIалэгъуалэ зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэм мы махуэхэм лэжьэн щIидзащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Мишин Михаил, Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

Налшык и «Спартак»-м иIэтахэр (Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. ЕтIуанэ Iыхьэ).

Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм лъэ быдэкIэ хыхьащ гъуащхьауэ Iэзэ Бэч Руслан. Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм ар 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщалъхуащ.

Къэпщытэныгъэхэр йокIуэкI.

Гъэ еджэгъуэщIэр къы­щыб­лагъэм ирихьэлIэу еджапIэхэр къапщытэ. Зы тхьэмахуэ зэхуакум комиссэм щIипщыты­кIащ егъэджэныгъэ Iуэху­щапIэу 100-м щIигъу
IэнатIэ зэмы­лэу­жьы­гъуэ­хэм я лэжьакIуэхэр зыхэт ­комиссэм шыщ­хьэуIум и 6-м щIидзауэ республикэм и щIыналъэм еджапIэхэр къыщепщытэ ахэр техническэу зэры­быдэр, мафIэс, террор шынагъуэншагъэкIэ къы­зэрызэгъэпэщар.

Гу зылъытапхъэхэр яубзыху.

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Лыхь Аслъэн лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ щIыналъэ Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм (ОНК) и тхьэмадэ Бэрсэдж Анатолэрэ УФСИН-м и деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Сасыкъ Анзоррэ. Абы хэтащ УФСИН-м и унафэщIым УИС-м цIыхум и хуитыныгъэхэр зэрыщагъэзащIэм кIэлъып­лъынымкIэ и дэIэпыкъуэгъу Текаевэ Ритэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке