|
|
Статьи на кабардинском языке
27 августа, 2019 - 07:10
Мы гъэм шыщхьэуIум и 20-м и ныбжьыр илъэс 89-м иту дунейм ехыжащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и къызэгъэпэщакIуэ жыджэрхэм ящыщу щыта, РСФСР-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ щIыхь зиIэ я дохутыр, СССР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Лъэпщокъуэ БетIал Хъусен и къуэр.
27 августа, 2019 - 07:06
Ди республикэм и пэщIэдзэ, курыт школхэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэр мы гъэм пщIэншэу къызэрагъэпэщынущ зэреджэ тхылъхэмкIэ. А Iуэхум текIуэдэну мылъкур КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ республикэ бюджетым къыхэкIащ икIи зэреджэ тхылъ мин 400-м щIигъу къыщIэкIынущ.
27 августа, 2019 - 06:48
РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, къэфакIуэ Iэзэу щыта Шэру Соня къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ.
27 августа, 2019 - 06:43
Дыгъуасэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачев Е. А, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.
26 августа, 2019 - 08:20
Израилым футболымкIэ и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Сер-бием щынэхъ цIэрыIуэ икIи щынэхъ лъэщ дыдэ Белград и «Партизан»-м. Ар абы хэтынущ дызыхуэкIуэ илъэсищым.
26 августа, 2019 - 08:15
Мамбэт Иринэ еханэ классыр къыщиухым ирихьэлIэу, и адэм газетым хъыбарегъащIэ тету къилъэгъуат дэрбзэр IэщIагъэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэр Сабий художественнэ школым (Налшык къалэ) ирагъэблагъэу. Ар цIыхубз IэщIагъэу къилъытэрти, хъыджэбз цIыкIур абы хригъэтхащ…
26 августа, 2019 - 08:11
Р-217 «Кавказ» гъуэгур зрикIуэ Бахъ-сэн щIыналъэм хиубыдэ Къубэ-Тэбэрэ ПсыкIэхурэ я зэхуакум дэт лъэмыжыр къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэжри, лажьэу яутIыпщыжащ.
26 августа, 2019 - 08:08
Урысейм и Къэрал ныпым и махуэр Iэтауэ щагъэлэпIащ Бахъсэн къалэм. Абы кърихьэлIат Мамхэгъ Хьэчим зи пашэ щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ еджакIуэхэмрэ, къалэдэсхэр, хьэщIэхэр.
23 августа, 2019 - 06:43
Псыхуабэ щызэхэт щIалэгъуалэ зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэм мы махуэхэм лэжьэн щIидзащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Мишин Михаил, Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
23 августа, 2019 - 06:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм лъэ быдэкIэ хыхьащ гъуащхьауэ Iэзэ Бэч Руслан. Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм ар 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщалъхуащ.
Страницы
|