Статьи на кабардинском языке

ЩIДАА-р жыжьэ маплъэ

ФокIадэм и 14-м Налшык къалэ щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и Президиумым и зэIущIэ.

КъБР-м и еджапIэхэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэмрэ автомашинэщIэхэр къаIэрохьэ

Дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэхэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэмрэ а IэнатIэхэм къыщагъэсэбэп автомашинэщIэу 30 къыIэрыхьэнущ.

Хьэпшыпхэр щыхьэт тохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм мазэ зыбжа­нэкIэ щылэжьащ Къэрал Эрмитажым и лэжьа­кIуэхэм къызэрагъэпэща Кавказ Ищхъэрэ экспе­дицэр. Абы хэтащ рес­публикэм и щIэныгъэлI­хэмрэ студентхэмрэ, ап­хуэдэу къэралым и музей нэхъыщхьэм пыщIа щIэ­ныгъэлI цIэрыIуэхэр.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр бюджетым халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм Iуэхугъуэ 25-м щы­хэплъащ.

КIуэкIуэ Юрий Собянин Сергей ехъуэхъуащ Москва и Iэтащхьэм и хэхыныгъэм зэрыщытекIуамкIэ

«ПщIэ зыхуэсщI Сергей Семён и къуэ!
Къэбэрдей-Балъкъэрым ­и Парламентымрэ Правитель­ствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэ-кIэ сэ къызбгъэдэкIыу си ­гуапэу сынохъуэхъу хэхы­ныгъэм ущытекIуэу Москва и Iэтащхьэу аргуэру узэрыхахыжамкIэ.
ХэхакIуэхэр узэрителъхьэр и щыхьэтщ Москва щып­сэу­хэм я гъащIэр егъэфIэкIуэ­ным хуэгъэзауэ ебгъэкIуэкI лэжьыгъэр нэрылъагъуу къы­зэрыбдаIыгъым.

Къэрал дэIэпыкъуныгъэр зэрыщытам хуэдэу къэнэн папщIэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм  хэтхэм  ягъэзэщIэн щIадзащ ­ пенсэ ныбжьым нэблэгъахэр социальнэ дэ­Iэ­пыкъуныгъэрэ льготэкIэ къызэ­гъэ­­пэщыным ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыхъумэным теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир къахуищIа пщэ­рылъхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр яIущIащ Урысейм и цIыхубэ артисткэ Валериерэ абы и щхьэгъусэ, продюсер Пригожин Иосифрэ

Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм иригъэблэгъащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм  и щIыхькIэ къызэрагъэпэща концерт программэш­хуэм хэтын папщIэ Налшык къэкIуа Урысейм и цIыхубэ артисткэ Валериерэ абы и щхьэгъусэ, продюсер Пригожин Иосифрэ.

Пенсэ ныбжьым нэблэгъахэм зыщIагъэкъуэн папщIэ

КъБР-м и Парламентым и Прези­диумым 2018 гъэм и бжьыхьэ лэжьэ­гъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар къы­щызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ бжьыхьэ сессиер нэхъ кIэщIми, ар ­Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ зэрыщытынур.

ЕхъулIэныгъэм хущIэкъухэр

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Фе­дерацэмкIэ и Советым ЩIалэгъуалэ п­алатэм хэтхэм я зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы ирихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутат Марьяш Нинэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке