|
|
Статьи на кабардинском языке
28 июня, 2019 - 06:49
Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык, мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу.
28 июня, 2019 - 06:46
Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхьхэр, дэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щекIуэкIащ.
Ику ит щIэныгъэ зэрызырагъэгъуэтамкIэ дэфтэрхэр иратыжащ Къулкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэр къэзыух цIыкIухэми.
27 июня, 2019 - 07:46
Уллу Кремль дворецни Георгиевский залында Владимир Путинни башчылыгъында Къырал советни жыйылыуу болгъанды. Ол асламла хайырланнган автомобиль жолланы ызларын игилендириу, жолда жюрюуню къоркъуусузлугъун жалчытыу соруулагъа жораланнганды. Аны ишине Къабарты-Малкъарны Башчысыны къуллугъун болжаллы халда толтургъан Казбек Коков да къатышханды.
27 июня, 2019 - 07:34
Иджыблагъэ Ставрополь щекIуэкIа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и зэпеуэм щызэхагъэкIащ щIыналъэм и цIэкIэ футбол зэхьэзэхуэм хэтынур. Ар зи хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныбжьыщIэхэращ. КIэух зэIущIэм абыхэм хэгъэрейхэр 3:1-уэ хагъэщIащ.
27 июня, 2019 - 07:29
Порту и инагъкIэ Португалием и етIуанэ къалэщ (Лиссабон и ужькIэ). ЦIыху мин 240-рэ щопсэу. Мы къалэр яухуауэ щытащ ди эрэм илъэс 300 хуэдиз ипэкIэ. Ди эрэм ипэкIэ 136 гъэм ар къизэуауэ щытащ урым дзэзешэ Децим Юний Брут Каллаик. 540 гъэм къалэр епископым и хэщIапIэ икIи быдапIэ хъуащ.
27 июня, 2019 - 07:16
Кремлым и Уардэунэм и Георгиевскэ пэшышхуэм Путин Владимир дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ Къэрал Советым и зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ псоми къагъэсэбэп автомобиль гъуэгухэм зегъэужьынымрэ абыхэм шынагъуэншэу щызекIуэныр къыщызэгъэпэщыным-рэ. Зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
26 июня, 2019 - 06:56
Прохладнэ районым и полицейхэр хэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхум. Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа пэкIур щекIуэкIащ Дальний посёлкэм. Абы хэтащ Урысей МВД-м и «Прохладненский» къудамэм и Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу Клюй Андрей, Головко Анатолий, ветеран зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Савинов Александр, къудамэм и юрист Шрамковэ Марие, посёлкэм щыпсэухэр.
26 июня, 2019 - 06:51
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэт ЗэзыгъэуIу советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къалэм псы къыщIэшыпIэу иджыри щы щыухуэным, апхуэдэу щIыпIэм псыщIэгъэлъадэр къанэ щымыIэу щызэфIэгъэувэжыным егъэщIылIауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм. ЯпэщIыкIэ Бахъсэн и псы къыщIэшыпIэ псоми я щытыкIэр къапщытэнущ.
26 июня, 2019 - 06:45
РАН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Мэкъумэш ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием я академик, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Щоджэн Iэсхьэд хуэдэу щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа цIыху адыгэхэм къытхэмыкIами ярейщ.
26 июня, 2019 - 06:40
Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ дэкIа илъэсым «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 400-м щIигъу щезыгъэкIуэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыужьыныгъэр зэлъытар.
Страницы
|