|
|
Статьи на кабардинском языке
29 июля, 2019 - 07:19
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дахэу щагъакIуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща «Адыгэ вагъуэзэшибл» зэхыхьэр.
29 июля, 2019 - 07:08
Экономикэм и щытыкIэмрэ цIыхубэм я псэукIэр зыхуэдэмрэ нэхъ IупщIу къыбгурызыгъаIуэхэм ящыщщ сатум и IэнатIэр. Абы и зыужьыкIэмрэ и щытыкIэмрэ куэдкIэ елъытащ производствэм и IэнатIэхэр зэрефIакIуэм, цIыхухэм я гъащIэм зэрызиужьым.
29 июля, 2019 - 07:03
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.
26 июля, 2019 - 07:20
Адыгэ Тенджыз (Мэржэхъу Мухьэмэд) Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Дзэлыкъуэ къуажэм 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ.
26 июля, 2019 - 07:10
ЦIыху цIэрыIуэхэмкIэ бейщ Зэрэгъыж къуажэр. Абыхэм ящыщ зыщ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щытекIуа (1998 гъэ), иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
25 июля, 2019 - 07:09
Мы махуэхэм зи илъэс 75-р зыгъэлъапIэ Аттаев Жэмал Жэбир и къуэр ящыщщ иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэрэ щхьэрэ щызиIэ къэрал, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэшхуэхэм. «Заман» газетым илъэс куэд лъандэрэ и редактор нэхъыщхьэу щыт хэкупсэр КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэщ, республикэм цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм къепхауэ лажьэ эксперт советым хэтщ.
25 июля, 2019 - 07:02
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэр газкIэ къызэгъэпэщыным, апхуэдэу лъэныкъуитIым я зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным теухуауэ дыгъуасэ епсэлъащ «Газпром межрегионгаз» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор Густов Сергей. «Газпром межрегионгаз» ООО-р «Газпром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и IэнатIэ нэхъыщхьэщ.
25 июля, 2019 - 06:57
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Путин Владимир хуэзащ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIэ зегъэужьынымкIэ зыхуэплъэхэм.
24 июля, 2019 - 06:45
КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. ЩытыкIэм зыщигъэгъуэзэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
24 июля, 2019 - 06:39
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэ зыбжанэм мы зэманым щаухуэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэщIэхэр. Къапщтэмэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь ухуэныгъэр ятещIыхьащ яслъэ ныбжьым ит сабий 60-м.
Страницы
|