|
|
Статьи на кабардинском языке
4 июля, 2019 - 07:14
Ингуш Республикэм и цIыху бжыгъэр мин 500 иджыблагъэ ирикъуащ. Абыхэм я процент 60-р къалэхэм дэсщ, я къалащхьэ Магас мин 35-рэ хуэдиз щопсэу. Къалэм унэрэ IуэхущIапIэу дащIыхьыну я мурадым и процент 30-ращ зэфIэкIар, ауэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкIри, илъэс зыбжанэм къриубыдэу цIыху мини 150-м нэсым Магас псэупIэ яхуэхъуну жаIэ.
4 июля, 2019 - 07:06
Щоджэн Хьэутий иджыблагъэ къыдигъэкIа «1837:Тайны странствования Лермонтова по Кавказу» тхылъым дыгъуасэ лъэтеувэ щыхуащIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. Абы кърихьэлIат щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, тхакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Лермонтовым и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр.
4 июля, 2019 - 07:01
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мовсисян Грант иджыблагъэ иригъэкIуэкIа пресс-конференцым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ лъэпкъ проектищым - 2024 гъэ пщIондэ тещIыхьауэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм, демографие щытыкIэм, егъэджэныгъэм зэрызрагъэужьыным теухуахэм.
4 июля, 2019 - 06:55
Медведев Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ Урысейм и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэр. Видеоконференц связым и Iэмалхэр къигъэсэбэпри, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
3 июля, 2019 - 06:45
Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа, Хэку зауэшхуэм и ветеран Хэжь Исуф бадзэуэгъуэм и 1-м илъэси 100 ирикъуащ.
3 июля, 2019 - 06:41
Кэнжэ къуажэм ищхъэрэкIэ къыпэщылъ губгъуэм Мамийхэ я лъэпкъ зэхуэс зэрыщрагъэкIуэкIынум и хъыбарым нэхъ пасэу щыгъуазэ сыхуищIат «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
2 июля, 2019 - 07:10
УФ-м и МЧС-м ди республикэм щиIэ и къудамэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «РусГидро» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр филиалым хыхьэ Аушыджэр гидроэлектростанцым мафIэс къэмыгъэхъуным хуэгъэза зыгъэсэныгъэ-къэпщытэныгъэ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIащ.
2 июля, 2019 - 07:03
«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм иригъэкIуэкIа зэхуэсым щагъэбелджылащ КъБР-м и Парламентым и депутат хэхыныгъэхэм хэтынухэмрэ абы ехьэлIауэ зэрылэжьэну программэмрэ.
2 июля, 2019 - 06:55
Лэжьыгъэ IуэхукIэ Шэджэм районым щыщыIам КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек район администрацэхэм я унафэщIхэр кърихьэлIэу иригъэкIуэкIащ цIыхухэр зэблэу къыхэмыкIыу псыкIэ къызэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ.
1 июля, 2019 - 07:27
Ди къэралышхуэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызрагъэгъуэтхэм мэкъуауэгъуэм и 20-м яублащ студентхэр къызэращтэнум епха Iуэхугъуэхэр.
Страницы
|