26 сентября, 2019 - 06:58
Урысей Федерацэм и Прокурор Нэхъыщхьэм и къуэдзэ Демешин Дмитрий КъБР-м и прокуратурэм щылажьэхэм иджыблагъэ яригъэцIыхуащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир а IуэхущIапIэм и унафэщIу игъэува Хабаров Николай.
25 сентября, 2019 - 06:55
Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху щэджащэхэу ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я сурэтхэр иджыблагъэ дахащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Ар усакIуэхэм я юбилейхэр гъэлъэпIэным хыхьэу къызэрагъэпэща Iуэхут.
25 сентября, 2019 - 06:53
ЩIыналъэ администрацэм щызэхалъхьэжащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэхэр щыхэсэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр.
25 сентября, 2019 - 06:49
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2009 гъэм еплIанэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр щыджэгуащ. Япэрей зэхьэзэхуэхэм я пэщIэдзэхэм IэщIагъэлIхэм зэпымыууэ зыжьэу щыжаIэрт «Спартак-Налшыкыр» къыкIэрыхухэм яхэтыну. ТегъэщIапIэхэри я куэдт - мылъкур я мащIэщ, футболист, тренер цIэрыIуэхэр яIэкъым, нэгъуэщIхэри.
24 сентября, 2019 - 07:15
Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 52-рэ зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным къыщIидзащ лъэпкъ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа цIыху мини 5-м щIигъур зыхэта, парад щIыкIэу къызэрагъэпэща зекIуэмкIэ. Къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, депутатхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iутхэр, студентхэр, еджакIуэ цIыкIухэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
24 сентября, 2019 - 07:06
Мы гъэм илъэс еханэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Абы теухуауэ ди республикэм и щIыналъэ псоми зэIущIэ дахэхэр щекIуэкIащ. Аруан къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ къызэригъэпэщащ къуажэ псор зыхэта гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ. Ини цIыкIуи, нэхъыжьыIуи, курыт ныбжьым ити щызэхуэсащ ЩэнхабзэмкIэ унэм.
24 сентября, 2019 - 07:00
ФокIадэм и 19-м Налшык щызэхэтащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс. Лъэпкъ Iуэхур егъэфIэкIуэным, зэманым къигъэув лъэпощхьэпохэм пэщIэтыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм тепсэлъхьыну, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну абы щызэхуэсат дунейм пщIэ лъагэ щызиIэ ди нэхъыжьыфIхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, Хасащхьэ, ГъэзэщIакIуэ гупхэм хэтхэр.
23 сентября, 2019 - 07:02
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и 11-нэ классым щеджэ Алэкъей Марьянэ Дементьев Андрей и цIэр зезыхьэ «ТекIуэныгъэм дыхуоусэ» дунейпсо зэпеуэм и лауреат хъуащ. Абы къыщыхэжаныкIахэр фокIадэм и 7-м щагъэлъэпIащ ТекIуэныгъэм и музейуэ, Москва дэтым.
23 сентября, 2019 - 06:57
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ Урысейм дзюдомкIэ и чемпионатым дыщэ медалыр къыщызыхьа, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым (ИППиФСО) и магистр Бабыгуей Олег. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм.
23 сентября, 2019 - 06:53
ФокIадэм и 19-м Налшык щекIуэкIащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс.
Страницы