|
|
Статьи на кабардинском языке
22 апреля, 2019 - 11:41
Махуэку кIуам Налшык щызэхэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъу-щIапIэм и унафэщI Кравцов С. С. сымэ зыхэта республикэ зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Зыуэ щыт къэрал экзаменыр егъэкIуэкIыным Къэбэрдей-Балъкъэ- рым и зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэр зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм.
18 апреля, 2019 - 12:41
Бахъсэн къалэм дэт 6-нэ курыт еджапIэм мэлыжьыхьым и 15-м щекIуэкIащ Iуэхугъуэ дахэ. «Культур много - Россия одна» зыфIаща лъэпкъ фестивалым кърихьэлIат ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, къулыкъущIэхэр, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм я лIыкIуэхэр.
18 апреля, 2019 - 12:39
Кърымым и фIыгъуэ нэхъыщхьэ Никитскэ хадэшхуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, щокIуэкI «Парад тюльпанов» зыфIаща Iуэху дахэр.
Агрономхэм къэлэр дадийуэ (тюльпан) мини 100 хасащ. Ахэр зэуэ къызэдэгъэгъэнукъым: гъатхэпэм и кухэм япэхэр къэгъэгъащ, иужьрей дыдэхэм я дахагъэр щагъэлъэгъуэнур накъыгъэ мазэм и япэ махуипщIырщ.
18 апреля, 2019 - 12:37
Ди республикэм футболым зыщиужьын щIидзащ къэралым и чемпионатым щыджэгуну Налшык и «Спартак» командэр 1959 гъэм къызэрагъэпэща и ужькIэ. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къыщыщIидзэри, абы ехъулIэныгъэ инхэр иIащ. Къапщтэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ.
16 апреля, 2019 - 10:36
«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ. «Roommates» арт-проектым хыхьэу выставкэм щагъэлъагъуэ сурэтыщIхэу, IэпщIэлъапщIэхэу Тхьэгъэлэдж Къантемыр, ХьэцIыкIу Миланэ, Къармэ Камилэ, Жанукуевэ Эллинэ сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр.
16 апреля, 2019 - 10:34
Адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр зэрыса щIыналъэм и плIанэпэ куэд къызэхэзыкIухьа лъахэхутэ цIэрыIуэ Ефремов Юрий и IэдакъэщIэкIщ «Хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыпIэхэм япхрыкI лъагъуэхэмкIэ» («Тропами горного Черноморья») и тхылъ гъуэзэджэу илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу здэщыIа щIыпIэхэм щилъэгъуахэмрэ гурыгъу-гурыщIэу щызыхищIахэмрэ щытетхыхьыжар.
15 апреля, 2019 - 07:37
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и унафэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ.
15 апреля, 2019 - 07:34
Iуащхьэмахуэ лъапэ мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэкIуэкIа «Эль 3500» макъамэ фестиваль иным цIыху щитхум нэблагъэ зэхуишэсат.
12 апреля, 2019 - 12:39
Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Золотой козерог-2019» мылылъэ бгыхэм дэкIынымкIэ къэралпсо чемпионат. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ къалихым, Дон Iус Ростов, Мэзкуу щыщ спортсмен 36-рэ.
12 апреля, 2019 - 12:37
1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м цIыхум и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ лъэхъэнитIу игуэшауэ жыпIэ хъунущ. Ар япэ дыдэу хьэршым зэрылъэтам нэхъ мыхьэнэшхуэ иIащ, сыт хуэдэ революцэми елъытауэ.
Страницы
|