13 сентября, 2019 - 06:45
Ставрополь къалэм дэт «Ставрополь Арена» спорт-зыгъэсапIэ центрым фокIадэм и 7-8-хэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 70-м щIигъу.Килограмми 110-м нэс зи хьэлъагъхэм и хьэрхуэрэгъухэм япэ щищащ, щылъу килограмми 180-рэ къэзыIэта КъБР м щыIэ МВД-м жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и инспектор нэхъыжь, полицэм и майор Атэбий Марат.
13 сентября, 2019 - 06:42
«Спартак-Налшыкым» и фащэр адыгэ ныпым егъэбжьыфIэ.
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2007 гъэ)
12 сентября, 2019 - 07:17
Вындыржьычу фIыцIэ щхьэц кIэщIыр тIууэ зэгуэхауэ Къатинэ и дамащхьэм тоуэ, и нэ фIыцIэ пIащитIыр хьэщIэхэм къатриубыдауэ зэпеплъыхь, и Iупэ дыкъуакъуэхэр зэрыпапцIэр и нэщэнэщ бзылъхугъэр ябгэм я нэхъ ябгэжу Псатхьэм къызэригъэщIам.
12 сентября, 2019 - 06:57
КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхуэсыгъуэм зи пIалъэр нэмыса и зэIущIэм депутатхэр щыхэплъащ «Пенсэхэм 2020 гъэм щIагъуну социальнэ ахъшэр яубзыхун мурадкIэ пенсионерыр КъБР-м щыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм и бжыгъэр гъэувыным и IуэхукIэ» республикэ законым и проектым.
12 сентября, 2019 - 06:52
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек фокIадэм и 10-м иригъэкIуэкIащ щIыналъэм сатур щызыIэщIэлъхэм яку дэлъ зэхьэзэхуэм зегъэужьынымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Советым и зэIущIэ. Абы хэтащ Урысейм и ФАС-м и унафэщIым и къуэдзэ Доценкэ Андрей.
11 сентября, 2019 - 06:58
КъБР-м щыIэ МВД-м и спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ гырэ спорт зэхьэзэхуэ.
11 сентября, 2019 - 06:54
«Спартак-Налшыкым» и футболистхэм адыгэ фащэр йокIупс.
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2006 гъэ)
10 сентября, 2019 - 07:24
Мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ. Ахэр а къэралым ягъэкIуэн хуей щIэхъуам дызэрыт зэманым куэд тражыIыхь. Нэхъыбэм ягъэзахуэркъым абы и лъэныкъуэкIэ совет унафэщIхэм яча лъэбакъуэр - сыт хуэдэ политикэ щыуагъэми кърикIуэхэр зи фэм дэкIыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ.
10 сентября, 2019 - 07:18
КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм хыхьэу Налшык шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и кубок» 14-нэ шыгъажэр. Дунейр жьапщэми, бжьыхьэ уэшхми къызэтригъэувыIакъым махуэшхуэ шыгъажэ екIур.
10 сентября, 2019 - 07:10
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэс 98-рэ, Налшык къалэ здэщыс щIыпIэм деж адыгэ къуажэхэр зэрыщытIысрэ илъэс 295-рэ зэрырикъум теухуауэ ди щIыналъэм и къалащхьэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр нэгузыужьт икIи удэзыхьэхт.
Страницы