30 сентября, 2019 - 06:56
Урысей гвардием Къэбэрдей Балъкъэрым щиIэ управленэм иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Лъы щат республикэ станцым и дохутыр нэхъыщхьэ ЛъэнкIэпIашэ Русланрэ къудамэм и унафэщI Дудар Азэрэ «Урысейм щIыхь зиIэ и донор» цIэр зэрыфIащэм щыхьэт техъуэ тхылъхэр иратыжащ полицэм и капитанхэу Гъэунэ Аслъэнбийрэ Жэмыхъуэ Зауррэ. Абыхэм 40-м щIигъурэ лъы ятащ.
30 сентября, 2019 - 06:50
Мы гъэм илъэс 15 мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи.
30 сентября, 2019 - 06:44
Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ нейрохирургием и нейрореабилитацэмкIэ IV дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм я лIыкIуэхэу дохутыр 200-м щIигъу.
27 сентября, 2019 - 07:56
Зэхуэсым къригъэхьэлIащ цIыхухэр егъэджэным илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьа Молэ Лиуан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къумыкъу Каринэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэм и дэIэпыкъуэгъу ДыщэкI Эльвирэ, Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и методист АфэщIагъуэ Маритэ, Къэбэрдей-
26 сентября, 2019 - 07:08
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь «Полицей дядя Стёпа» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щытекIуахэм яритащ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. Урысей МВД-м и щIыналъэ IэнатIэхэмрэ абы-хэм ядэлажьэ жылагъуэ советхэмрэ зэщIыгъуу илъэс къэс ирагъэкIуэкI урысейпсо зэпеуэр хуэунэтIащ полицэм и лэжьыгъэм и мыхьэнэр цIыхухэм зыхегъэщIэным.
26 сентября, 2019 - 07:03
УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александр гъубж кIуам лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ щыIащ КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ медицинэмрэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым.
26 сентября, 2019 - 06:58
Урысей Федерацэм и Прокурор Нэхъыщхьэм и къуэдзэ Демешин Дмитрий КъБР-м и прокуратурэм щылажьэхэм иджыблагъэ яригъэцIыхуащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир а IуэхущIапIэм и унафэщIу игъэува Хабаров Николай.
25 сентября, 2019 - 06:55
Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху щэджащэхэу ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я сурэтхэр иджыблагъэ дахащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Ар усакIуэхэм я юбилейхэр гъэлъэпIэным хыхьэу къызэрагъэпэща Iуэхут.
25 сентября, 2019 - 06:53
ЩIыналъэ администрацэм щызэхалъхьэжащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным, щхъуантIагъэхэр щыхэсэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа мазитI лэжьыгъэм кърикIуахэр.
25 сентября, 2019 - 06:49
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2009 гъэм еплIанэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр щыджэгуащ. Япэрей зэхьэзэхуэхэм я пэщIэдзэхэм IэщIагъэлIхэм зэпымыууэ зыжьэу щыжаIэрт «Спартак-Налшыкыр» къыкIэрыхухэм яхэтыну. ТегъэщIапIэхэри я куэдт - мылъкур я мащIэщ, футболист, тренер цIэрыIуэхэр яIэкъым, нэгъуэщIхэри.
Страницы