Статьи на кабардинском языке

ХьэрычэтыщIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ зэдэлэжьэн хуэдэу.

УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ иджыблагъэ Москва къалэм щаIущIащ «Iуэху зезыхьэ Урысей» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лIыкIуэ Гузеевэ Индирэ, Москва къалэмрэ Москва областымрэ сату-экономикэ IуэхухэмкIэ КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэу щыIэ Щэуей Альберт, «Горный край» жылагъуэ IуэхущIапIэм и правленэм и унафэщI Макаренкэ Дмитрий, хьэрычэтыщIэхэм ехьэ

ЩIыналъэхэр зэIузэпэщ щащIыр абы исхэр тыншын папщIэщ.

КъБР-м и Парламентым За­конодательствэмрэ щIы­пIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и комитетым и зи чэзу зэIущIэр Тэрч къалэм щригъэ­кIуэ­кIащ икIи лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным пыщIауэ мы щIыналъэм щызэфIагъэкIхэм хэп­лъащ.

КIуэкIуэ Казбек Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ ирегъэкIуэкI.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

КИФЩI-м и журналистхэр Мэхъэчкъалэ щызэхуос.

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм щыIэ хъыбар­егъащIэ IэнатIэхэм щы­ла­жьэхэр щызэхуашэс зэIущIэ инхэм ящыщ зыуэ ­щытащ Дагъыстэным и къа­лащхьэ Мэхъэчкъалэ ды­гъэ­гъазэм и 5 - 6-хэм щекIуэкIа форумыр.

Къуажэ пхыдзахэми лъэIэсынущ.

Иджырей техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызы­хуэтыншэу зэщIэузэда автоклуб Бахъсэн щIыналъэм иратащ.
ИпэIуэкIэ дытепсэлъыхьауэ щытащ мыпхуэдэ автоклубыр тыншу концерт щат утыку ин е кинозал хьэлэмэт зэрыхъум. КъищынэмыщIауэ, а автоклубхэм щагъэлъагъуэ концертхэмрэ кинохэмрэ занщIэу ИнтернеткIи уеплъыфынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухудхэр.

ЩэкIуэгъуэм и 26-м Налшык щекIуэкIащ тхьэIухудхэм я зэпеуэ «Мисс КБР-2019», «STAR­KBR» агентствэм къызэригъэпэщар.
Дахэхэм я нэхъ дахэжыр къыщыхаха а пшыхьым хъыджэбзхэм мазэ бжыгъэкIэ зыхуагъэхьэзырат. Къафэм, утыку итыкIэм хуагъэсам и мызакъуэу, фотосессие куэдым, къалэм и махуэм ирихьэлIэу удз гъэгъахэм я фестиваль екIуэкIами хэтащ ахэр.

Мелуанхэр дэзыхьэха джэгукIэ телъыджэ.

Куэд щIащ футболыр хьэфэ топыр къехуэкIын Iуэхугъуэм зэрыфIэкIрэ. Ар иджыпсту цIыху мелуанхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт (е езыудых), социальнэ, политикэ, экономикэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Аращ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и унафэкIэ дыгъэгъазэм и 10-р Футболым и дунейпсо махуэу щIагъэувар.

«Ажалыр щащэр жыIэ» лэжьыгъэм кърикIуахэр.

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэ­кIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щыхэплъэжащ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 - 22-хэм республикэм щрагъэкIуэкIа «Ажалыр щащэр жыIэ» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэр.

Лъэпкъым и напщIэ.

Зумакуловэ Танзиля и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэм щыпащащ усакIуэр къыщалъхуа Тырны­ауз къалэм.

Дзэм и пашэхэр зочэнджэщ.

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ округым и командующэ генерал-лейтенант Гетманов Игорь Пятигорск къалэм щригъэкIуэкIащ дзэм и советым и зэIущIэ. Видеокон­ференц связым и Iэмалхэр къигъэ­сэ­бэпри, абы хэтащ Урысейм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ штаб нэхъыщхьэм и унафэщI генерал-полковник Ченчик Сергей.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке