Статьи на кабардинском языке

Хьэшыр Чылар теухуа пэжыр.

Налшык дэт Къэрал ­концерт гъэлъэгъуапIэм «лъэтеувэ» щыхуащIащ Хьэшыр Аскэр къыдигъэкIа, «Первовосходи­тель на Эльбрус: Факты и вымысел» зыфIища тхылъым. Ар теухуащ ­Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Хьэшырым теухуауэ щыIэ дэфтэрхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхэтщ Iуа­щхьэмахуэ и щыгум япэу ихьар мыадыгэу къы­щIезыгъэдзыну зыфIэфI­хэр.

Дызэфэ псым и щытыкIэм арэзы укъищIыркъым.

«КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и правленэмрэ (АСМО КБР) ЩIыпIэ самоуправленэм и урысейпсо советым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ бюромрэ я лIыкIуэхэр иджыбла­- гъэ зэIущIащ. Ар иригъэкIуэкIащ ВСМС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ бюром и унафэщI Муртазов Борис.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б. Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и лэжьыгъэм хэтщ.

Страсбург къалэм къыщызэIуахащ­ ­Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и 37-нэ пленар зэIущIэр. Урысей Федерацэм икIа официальнэ лIыкIуэхэм ящIыгъуу абы хэтщ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ.

ГъащIэ узыншэм хуаущий.

КъБР-м щыIэ УФСИН-м Шэджэм районымкIэ и уголовнэ-гъэзэщакIуэ инспекцэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум.

КIыщокъуэ Алим и гуащIэр и лъабжьэу.

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал щIэныгъэхутэ институтым щекIуэкIащ «А. П. Кешоков и современное гуманитарное пространство» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

КIапсэ гъуэгур зэхуащI.

Жэпуэгъуэм и 30-м щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэхэм и кIапсэ гъуэгур лэжьэнукъым. Бгы къежэхыгъуэм и пIалъэр къэмыс щIыкIэ«Мир» станцымрэ «Гара-Баши»-рэ я зэхуаку дэлъ Iыхьэр зэхуащI, абыхэм кIэлъыплъын, зыхуей хуагъэзэн папщIэ.

АдыгэлI щыпкъэ.

Езым и щхьэкIэ сыхуэзэ­ным куэдкIэ и пэ къихуэу и хъыбархэмкIэ сэ ар къэс­цIыхуауэ щытащ. Ар къыщыхъуари адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр къыдэгъэ­кIыныр щызэхэдубла илъэс­хэрщ. А лъэхъэнэм лъэпкъым, хэкум, адыгэ щэнхабзэм зи гуа­щIэшхуэ хэзылъхьэ ­ады­гэлI­ щыпкъэ куэд дызэ­риIэр аргуэру зэ хьэкъ тщыхъуауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу сщIынури.

Бэшэчагъым текIуэныгъэм ухуешэ.

Адыгейм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр къыщратам.
Адыгейм самбист цIэрыIуэ куэд къыщыхъуащ, лъэпкъымрэ къэралымрэ я щIыхьыр лъагэу яIэтауэ. Абыхэм ящыщщ дуней псом и чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мерэтыкъуэ Сэхьид.

ТекIуахэр ягъэлъапIэ.

Налшык къалэ дэт Концерт гъэ­лъэ­гъуа­пIэм щекIуэкIащ «Рыцари закона» зэпеуэм и кIэухыр.

Узыншагъэр яхъумэным хуаущий.

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щрагъэкIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке