|
|
Статьи на кабардинском языке
25 ноября, 2019 - 06:56
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щызэхэтащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъ пщыхьэщхьэ.
25 ноября, 2019 - 06:51
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хиубыдэу Бахъсэн районым исхэм ягу къагъэкIыжащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэ дивизэм хэтахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр.
22 ноября, 2019 - 06:39
Зэпеуэм абы игъэхьа лэжьыгъэр, дизель гъэсыныпхъэкIэ лажьэ мэкъумэш техникэр мыкъутэу нэхъыбэрэ лэжьэным хуэгъэпса гупсысэщIэхэр зи лъабжьэр, игъэхьэзыращ техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым «Машинэхэр зэрылажьэмрэ ахэр зэрызэрагъэпэщыжымрэ» и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Бэлэтокъуэ Анзор и унафэм щIэту.
20 ноября, 2019 - 07:12
Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм ящыгъупщэркъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм.
20 ноября, 2019 - 06:59
«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм.
20 ноября, 2019 - 06:53
Километр мин бжыгъэ зэпыбупщIу, кхъухьлъатэхэр зэпхъуэкIыу нэгъуэщI къэрал укъыщыхутауэ къыпщыхъуркъым Кфар-Камэ ущыдэткIэ. Абы и хьэуами адыгэмэ хэтщ. Зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щыпсэухэм а алыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ.
20 ноября, 2019 - 06:49
Спорт бэнэкIэмкIэ иджыблагъэ Нур-СулътIан (Къэзахъстан) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумахэм яхэтакъым зы адыги. Апхуэдэ нэхъапэм къыщыхъуар къэщIэжыгъуейщ.
19 ноября, 2019 - 06:50
ЩэкIуэгъуэм и 7-м щIидзауэ УФ-м и кинотеатрхэм щокIуэкI театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» фильмыр.
19 ноября, 2019 - 06:44
Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэмрэ «Баксанский вестник» газетымрэ я жэрдэмкIэ социальнэ рекламэ зэхэгъэувэнымкIэ «ЩIалэгъуалэр Iулъхьэм, терроризмэм, экстремизмэм и бийщ» зэхьэзэхуэ екIуэкIат. Абы кърикIуар къызэщIакъуэжащ.
19 ноября, 2019 - 06:39
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ ехъуэхъуащ бын куэд зиIэ анэхэм. Ди республикэм ис, бынунагъуэшхуэ зиIэ бзылъхугъэ 22-м «Анэм и щIыхь» медалыр яхуигъэфэщащ КIуэкIуэм.
Страницы
|