|
|
Статьи на кабардинском языке
5 ноября, 2019 - 07:23
Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ комиссэм и зэIущIэ дыгъуасэ Москва щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
5 ноября, 2019 - 07:17
Путин Владимир иджыблагъэ Къэрал советым и Президиумым и зэIущIэр Светлогорск къалэм щригъэкIуэкIащ, узыншагъэр хъумэным и лъэныкъуэкIэ Урысей Федерацэм и субъектхэм къапэщыт къалэнхэм ятеухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
1 ноября, 2019 - 06:47
Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм мафIэсыр гъэункIыфIыныр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и оперативнэ плъыр ЛIуп Амир 1992 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ и плъыр часть №1-м икIи къэрэгъулым и унафэщIым нэсащ. Ар щылэжьащ мафIэс часть №10-м (Тырныауз къ.), №19-м (Налшык къ.), №8-м (Къашкъэтау).
1 ноября, 2019 - 06:43
Бахъсэн къалэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Дзэм ираджэхэм я махуэ. Къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щызыщIэнухэр егъэжьэным теухуа гуфIэгъуэм хэтащ щIыналъэ администрацэм, хабзэхъумэ органхэм, Жылагъуэ палатэм, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, Бахъсэн къалэм дэт еджакIуэхэм я лIыкIуэхэр, дзэм ираджахэр, абыхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
1 ноября, 2019 - 06:38
Ди республикэр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ илъэс зыбжанэкIэ ехъулIэныгъэ иIэу Санкт-Петербург и «Явара-Нева» спортклуб цIэрыIуэм зэфIэкIышхуэ къигъэлъагъуэу хэта спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Тау Хьэсэнбий.
31 октября, 2019 - 07:09
Мэзкуу дэт «Artplay» IуэхущIапIэм и хьэщIэщышхуэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ и 31 пщIондэ щекIуэкIащ Кавказым щыщ гъуазджэрылажьэхэм я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ: «Биеннале современного искусства Кавказа». Ар зэрекIуэкIамрэ абы хэтахэмрэ къыдегъэцIыху езым и цIэр зезыхьэ альбомым.
31 октября, 2019 - 07:04
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм «лъэтеувэ» щыхуащIащ Хьэшыр Аскэр къыдигъэкIа, «Первовосходитель на Эльбрус: Факты и вымысел» зыфIища тхылъым. Ар теухуащ Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Хьэшырым теухуауэ щыIэ дэфтэрхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхэтщ Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу ихьар мыадыгэу къыщIезыгъэдзыну зыфIэфIхэр.
31 октября, 2019 - 06:59
«КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и правленэмрэ (АСМО КБР) ЩIыпIэ самоуправленэм и урысейпсо советым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ бюромрэ я лIыкIуэхэр иджыбла- гъэ зэIущIащ. Ар иригъэкIуэкIащ ВСМС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ бюром и унафэщI Муртазов Борис.
31 октября, 2019 - 06:52
Страсбург къалэм къыщызэIуахащ Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и 37-нэ пленар зэIущIэр. Урысей Федерацэм икIа официальнэ лIыкIуэхэм ящIыгъуу абы хэтщ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
30 октября, 2019 - 06:58
КъБР-м щыIэ УФСИН-м Шэджэм районымкIэ и уголовнэ-гъэзэщакIуэ инспекцэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум.
Страницы
|