|
|
Статьи на кабардинском языке
6 февраля, 2020 - 06:47
Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «IэщIагъэ нэс зиIэ лэжьакIуэхэр экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ папщIэ гъэхьэзырынымкIэ Урысей Федерацэм и субъектхэм я мыхьэнэр къэIэтыным теухуауэ» Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и Президиумымрэ Урысей Федерацэм и Президентым и деж ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щыIэ советымрэ зэщIыгъуу ирагъэкIуэкIыну зэIущIэр зыгъэх
5 февраля, 2020 - 06:51
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм тхылъ ущеджэ хъу и пэшышхуэм и къудамэм и лэжьакIуэхэм «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щIышылэм и 27-м щрагъэкIуэкIащ «Блокадный хлеб» урысейпсо Iуэхур.
5 февраля, 2020 - 06:48
ТекIуэныгъэ-75. Лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым мыгувэу игъэлъэпIэнущ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Дэтхэнэ зым ди дежкIи ар махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ икIи нэхущ. Шэч хэлъкъым, абы и мыхьэнэр зэи кIащхъэ зэрымыхъунум.
5 февраля, 2020 - 06:42
«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыгъэсэныгъэхэр ирегъэкIуэкI. Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ тхьэмахуитI ипэкIэ къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ – ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.
4 февраля, 2020 - 07:01
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм, апхуэдэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту ди республикэм ит еджапIэхэм я лIыкIуэхэм Тэрч щIыналъэм ит курыт школхэр къэзыуххэм къапэщылъ къэпщытэныгъэм теухуа псалъэмакъ адэ-анэхэм драгъэкIуэкIащ.
4 февраля, 2020 - 06:56
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм гъатхэпэм щыщIэзы-дзэжыну «Спартак-Налшыкым» мы илъэсым и япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ди къалащхьэм и Сабий стадионым абы щыхигъэщIащ Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ» командэр.
4 февраля, 2020 - 06:51
Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэр хуабжьу гухэхъуэу екIуэкIащ.
4 февраля, 2020 - 06:42
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и зи чэзу зэIущIэр къыщызэригъэпэщащ Прохладнэ муниципальнэ районым хиубыдэ Заречнэ къуажэм и еджапIэм. Ар теухуауэ щытащ сабий бжыгъэу мащIэ фIэкIа зыщIэмыс классхэр зиIэ школхэм я лэжьэкIэм.
3 февраля, 2020 - 07:04
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ УГИБДД-м 2019 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ. Управленэм административнэ законодательствэр гъэзэщIэнымкIэ и къулыкъум и ДПС къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Махиев Заурбэч журналистхэр щыгъуазэ ищIащ я IэнатIэхэм зэфIагъэкIам.
3 февраля, 2020 - 06:59
Урысей Федерацэм и Прокурор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Демешин Виктор хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм и коллегием и зэIущIэм щыхэплъэжащ 2019 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм.
Страницы
|