|
|
Статьи на кабардинском языке
16 марта, 2020 - 06:54
Адыгеим икъэлэ гупчэ просветительскэ Iофтхьабзэу «Адыгэ диктант» зыфиIорэр ятIонэрэу щыкIуагъ. Адыгабзэмрэ тхыбзэмрэ я Мафэ ипэгъокIэу адыгабзэкIэ Дунэе диктантыр гъэтхапэм и 6-м атхыгъ.Iофтхьабзэм ипшъэрылъ шъхьаIэр лъэпкъыбзэм икъызэтегъэнэжьын, нахьыбэмэ зэрагъашIэ ашIоигъо хъуныр ары.
13 марта, 2020 - 06:41
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ сурэтыщI Iэзэ Уянаев Аслъэнджэрий и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
13 марта, 2020 - 06:37
Хэку зауэшхуэм хэта цIыху 27-м «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ ирокъу» медалыр щратащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм.
А Iуэхум хэтащ щIыналъэ унафэщIхэр, жылагъуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэхэр, зауэм и ветеранхэмрэ абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэмрэ, курыт еджапIэхэм щIэсхэр.
13 марта, 2020 - 06:33
Лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэтщ Израилым хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм щыпсэу, абы дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ди хьэщIэм къыджиIахэм.
- Зухьейр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым ухэтащ. Сыт хуэдэ гупсысэ къыхэпха абы?
12 марта, 2020 - 07:05
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ полицэм и генерал-майор Павлов Василий IэнатIэм и цIыхубз ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ гъатхэпэм и 8-м ягъэлъапIэ ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа махуэшхуэ концерт. Абы кърагъэблэгъат республикэ МВД-м и IэнатIэхэм я лэжьакIуэ цIыхубз 200-м нэблагъэ.
12 марта, 2020 - 07:00
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм и актовэ пэшым щекIуэкIащ Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъ-къэр къудамэм и правленэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къызэднэкIа илъэсым кърикIуахэмрэ, 2020 гъэм къапэщыт къалэныщIэхэмрэ.
12 марта, 2020 - 06:55
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм и Президентым и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуахэмрэ лъэпкъ проектхэм хыхьэу, щIыналъэхэм щыпсэухэм я хэхъуэр егъэфIэкIуэн, тхьэмыщкIагъэр нэхъ мащIэ щIын къалэнхэмрэ зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм.
11 марта, 2020 - 07:24
«2020 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Тэрч районым щызэхуащIыжащ. Ар щекIуэкIащ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м.
11 марта, 2020 - 07:19
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэм я цIэхэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ, абы хуабжьу дыщогуфIыкI, дрогушхуэ икIи дропагэ. Апхуэдэ гурыщIэхэр ди гумрэ ди псэмрэ къыщызыгъэуш Iуэхугъуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Краснодар къалэм.
11 марта, 2020 - 07:14
Налшык дэт Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм «Кавказ тхылъ тедзакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ унафэ къыщащтащ.
Страницы
|