Статьи на кабардинском языке

Аракъэ насып жыхуаIэр!

Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс рес­публикэхэм щIыхь зиIэ я журналист, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэм и н­ыбжьыр нобэ илъэс 80 ирокъу. И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу абы упщIэ зыбжа­нэ­кIэ зыхуэдгъэзащ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэрал советым и ЗэщIэзыгъэуIуэ Советым и Президиумым и лэжьакIуэ гупым и зэIущIэм

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил и унафэм щIэту, видеозэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпри, мэ­лыжьыхьым и 3-м Москва щрагъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм пэ­щIэ­тынымкIэ Къэрал советым и ЗэщIэзыгъэуIуэ Советым и Пре­зи­диумым и лэжьакIуэ гупым и президиу­мым и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Уз бзаджэм пэщIоувэ

Коронавирус здэщыIэ къэрал псоми я дохутырхэм зы Iуэху здрагъэжьауэ интернетым къыщокIуэкI. ЦIыху нэхъ мащIэ зэхыхьэху, эпидемиери нэхъ лъэрымыхьу екIуэкIынущ. Абы ипкъ иткIэ, нобэ вирусым пэщIэт дохутырхэм цIыхухэр унэм щIэсыну къыхураджэ. «Дэ фэр папщIэ долажьэ. Фэри дэ щхьэкIэ унэм фыщIэс» зытетха тхылъымпIэ напэхэр зыIыгъ дохутырхэм я сурэт дэнэ къэрали щыкуэдщ.

КъБР-м щыIэ МВД-м илъэс кIуам зэфIигъэкIахэм щыхоплъэж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэр. ЦIыху куэд зыхэт зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIкIэ мы зэманым къигъэув хабзэхэм тету къызэрагъэпэщат зэIущIэр.

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Урысейм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
И кIэм нэблэгъащ мылэжьэгъуэ тхьэмахуэу Урысейм щыдгъэувауэ щытар. Мы махуэ­хэми щхьэкъэIэтыпIэ ямыIэу мэла­жьэ дохутырхэр, медсестрахэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ псори.

ЩIыхуэ къэзыщтахэм щапшыныжыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэ

Урысейм и ХъумапIэ банкым щIыхуэ къэ­зыщтахэм ар щапшыны­жыну пIалъэр яхуигъэ­Iэпхъуэнущ коронавирус уз зэрыцIалэм и зэран зэкIахэм.

КIэлъыплъыныгъэр къызэрагъэпэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъ­хьэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ екIуэкIыну къэралпсо щIэупщIэныгъэм и цIыхубэ кIэлъыплъыныгъэр къызэгъэпэща зэрыхъунум.

КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр щыIэ хъуа щытыкIэм зэрыхуэхьэзырым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Налшык къалэм и клиникэ сымаджэщ №1-м и къудамэхэм ящыщ зым, коронавирус уз зэ­рыцIалэм зиубгъумэ, сымаджэхэм абы щеIэзэным хузэрагъэпэщам. Республикэм и унафэщIым зригъэлъэгъуащ ахэр я лэжьыгъэм зэрыхуэхьэзырыр.

Гугъуехьыр къызэрызэднэкIыфынур си фIэщ мэхъу

Урысей Федерацэм и ­Федеральнэ Зэхуэсым ­ФедерацэмкIэ и Советым ­КъБР-м къыбгъэдэкIыу хэт  сенатор Къанокъуэ Арсен хэлъ цIыхугъэр, къыщалъ­хуа Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуиIэ гулъытэр зы­хуэдизыр куэдым ящIэ.

Узыфэр къыщежьа Китайм мы зэманым Iуэхур зэрыщыщытыр

КНР-м и унафэщI Цзиньпин Си COVID-2019 вирусым пэщIэтынымкIэ шта­­­бым и Iэтащхьэщ икIи и нэIэ щIэтщ абы теухуауэ къэ­ралым щекIуэкI Iуэ­ху­хэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке