|
|
Статьи на кабардинском языке
14 января, 2021 - 14:30
Урысей печатым и махуэр дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Абы щызэхуашэсат республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм нэгъабэ ехъулIэныгъэхэр щызэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI пажэхэр.
14 января, 2021 - 14:28
ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
Урысей печатым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Махуэшхуэм нобэ зэкъуигъэувэр хъыбарегъащIэ IэнатIэм и къудамэхэу тедзауэ дунейм къытехьэхэм щылажьэхэм, къыдэзыгъэкIхэм, полиграфием епхахэм я закъуэкъым, атIэ медиазэгухьэныгъэм хиубыдэ псоми ехьэлIащ ар.
14 января, 2021 - 14:28
Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр джынымрэ абы епха Iуэхухэр егъэфIэкIуэнымрэ Куэцэ Елбэрд пасэу дихьэхащ, бзэхэр щаджу Пятигорск дэт къэрал университетым (ПГЛУ) 2009 - 2014 гъэхэм щыщIэса зэманым. Иджыпсту ар КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэщ.
13 января, 2021 - 14:26
ОНФ-м щыщу щIыуэпсым кIэлъыплъ инспекторхэм картэ зэхагъэувэ псыхэмрэ хымрэ зыуцIэпIхэр къыщыгъэлъэгъуауэ. Мы лэжьыгъэр зэраублэрэ къыщIагъэщащ къагъэсэбэпа псы фIейр зэрыщытым хуэдабзэу псым щыхэлъадэ щIыпIитху, Мэхъэчкъалэрэ Каспийскрэ я зэхуакум хиубыдэу.
13 января, 2021 - 14:24
УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ Къэрал советыр щIэрыщIэу зэрагъэпсынур. ЗэрыфщIэщи, ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 хъуащ, ауэ абы хэтынумкIи и къалэну щытынумкIи иджы нэгъуэщI хъуащ.
12 января, 2021 - 14:00
КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм щызэхалъхьэжащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «На исторической родине: Кабардино-Балкария - республика дружбы и согласия» зэпеуэм кърикIуахэр. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр дыгъэгъазэм и 23-м «Марал» шхапIэм щагъэпэжащ.
12 января, 2021 - 13:59
2020 гъэ гугъум Iуэху дахэ куэди къыщыхъуащ. Абыхэм ящыщщ 2019 гъэм ЩIэныгъэхэм Дунейпсо Адыгэ Академием и нэIэ щIэту абы и Президент Къанокъуэ Арсен иригъэжьа Iуэхум кIэух дахэ зэригъуэтар.
12 января, 2021 - 12:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2021 гъэм и щIымахуэ чемпионатым щIышылэм и 3-м щIидзащ. Абы хэтхэм, нэгъабэ елъытауэ, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.
11 января, 2021 - 13:57
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим щыIущIам тепсэлъыхьащ 2020 гъэм IэнатIэм щызэфIагъэкIахэм, дызэрыхьа илъэсыщIэм къапэщыт къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
11 января, 2021 - 12:58
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дыгъэгъазэм и 29-м пресс-конференц иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, псом япэу абы журналистхэм фIыщIэ яхуищIащ, республикэм и хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм и лэжьыгъэр цIыхухэм я деж жыджэру, зэхэщIыкIыгъуэу зэрынахьэсым папщIэ.
Страницы
|