Статьи на кабардинском языке

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш лэжьыгъэхэр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ республикэм мэкъумэш лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIыным теухуауэ щыта зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэмрэ Iуэхур зэхьэлIа министерствэмрэ я унафэщIхэр, щIыналъэ, къалэ округхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ХущхъуэкIэ защIегъакъуэ

Зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэныкъуэщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий Налшык къалэм дэт жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэм щыпсэухэм защIигъэкъуащ.

«Удзыфэхэм» я унафэщI УнащIэ Джем

Хамэ щIыпIэ цIэрыIуэ ­щыхъуа адыгэхэм язщ Германием и жылагъуэ лэ­жьакIуэ цIэрыIуэ, «Удзы­фэхэм я парт» зэгухьэныгъэм ­щы­­па­­шэ Оздемир (УнащIэ) Джем.

Австралие жыжьэм зи вагъуэр къыщызэщIэнэхэр

Адыгейм и къуэ пэлъытэ Алифиренкэ Сергей.

ХуэмыщIахэм зыщIагъакъуэ

COVID-19 уз бзаджэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъум къихутауэ унэм дэтIысхьэжахэм, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм, зи ныбжьыр хэкIуэтахэм нэщI мазэм ирихьэлIэу зыщIагъэкъуащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм щыпсэу щIалэгъуалэм. Абыхэм зэхуахьэса мылъкумкIэ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэну ерыскъыпхъэхэр къыхуащэхуащ.

КIуэкIуэ Казбек ЗэзыгъэуIу Советым и зэIущIэм хэтащ

Мэлыжьыхьым и 22-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм коронавирус уз зэрыцIалэм зыщиубгъуным пэщIэтынымкIэ УФ-м и Правительствэм деж щыIэ ЗэзыгъэуIу Советым и президиумым и видеозэIущIэм.

ХьэрычэтыщIэхэм хэкIыпIэ къыхуагъуэт

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьы­хьым и 23-м видеозэIущIэ ядригъэ­кIуэкIащ коронавирусым и ягъэкIэ лей зытехьа хьэрычэт Iуэхум пэрытхэм. Абы щытепсэлъыхьащ хьэрычэ­ты­щIэхэр зрихьэлIэ гугъуехьхэм.

Унагъуэ миным щIигъум яIэрохьэ

Коронавирус узым и зэранкIэ щытыкIэ гугъум ­ихуауэ республикэм щыпсэухэм ерыскъыкIэ ядоIэ­пыкъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и унафэщIхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэм

ВидеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Якушев Владимир иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Къанокъуэ Арсен жиIар егъэзащIэ

Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым ­КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен зэрыжиIам тету, нэкIуIупхъуэ мини 100 ди республикэм къригъашэри, цIыхухэм пщIэншэу хуагуэшащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке