|
|
Статьи на кабардинском языке
27 июля, 2020 - 06:42
Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий бадзэуэгъуэм и 23-м иригъэкIуэкIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуа Iуэхухэр щызэпкъраха зэIущIэ.
24 июля, 2020 - 06:48
Видеоконференц мардэм тету КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирусым зыщыщыхъумэнымрэ а уз зэрыцIалэм зэрызиубгъум пэщIэтынымкIэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ.
24 июля, 2020 - 06:47
Иджыблагъэ Къэрал Думэм ещанэ еджэгъуэкIэ къыщащтащ «Пестицидхэмрэ агрохимикатхэмрэ шынагъуэншэу зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 22-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ закон №681101-7-м и проектымрэ «Мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм къат хъерым къэрал кIэлъыплъыныгъэ иIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ.
24 июля, 2020 - 06:47
«Шынагъуэншэ фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэхэм щыщыIэ автомобиль гъуэгухэр мардэм къигъэтIэсэ-нырщ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ-жьыгъэшхуэ щызэфIах.
21 июля, 2020 - 06:55
Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.
ДЫХУЕЙЩ а хъыджэбз губзыгъэм, хьэл-щэн дахэ зыхэлъым и махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуу, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэдгъэзэну:
21 июля, 2020 - 06:51
ЦIыху куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ Аруан къуажэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ Къардэн Маринэ Мухьэмэд и пхъур игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар. ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэжыджэр, ицIыхухэм яхуэгумащIэ, имыцIыхухэми яхуэбзэIэфI Маринэ гъащIэ мащIэу къыщIэкIащ.
21 июля, 2020 - 06:47
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам зыщиплъыхьащ республикэм и къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм, гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым щыгъуазэ зищIащ.
20 июля, 2020 - 07:04
Бахъсэн районым щыпсэухэр илъэхъэфакъым дуней псор зэщIэзыщта уз зэрыцIалэм и зэранкIэ унэм укъыщIэкI зэрымыхъум. ЩIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, щIалэгъуалэм я Iуэхумрэ спортымкIэ и къудамэхэм хъыбар къызэрыдагъащIэмкIэ, ахэр къуажэхэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм ядолажьэ интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ.
20 июля, 2020 - 06:59
ГъащIэм къыщысэбэпыну IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэр «УхуакIуэ» колледжыр. ЕджапIэм щагъэхьэзыр цIыхубэ хозяйствэм и IэнатIэ куэдыр зыхуэныкъуэ, зэманым къигъэув мардэхэм тещIыхьауэ лэжьэфыну IэщIагъэлIхэр.
20 июля, 2020 - 06:56
Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым.
Страницы
|