Статьи на кабардинском языке

Быф Анатолэ и жэрдэмкIэ

Иджыблагъэ Къэрал Думэм ещанэ еджэгъуэкIэ къыщащтащ «Пестицидхэмрэ агрохимикатхэмрэ ­шынагъуэншэу зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Федераль­нэ законым и 22-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъ­хьэным теухуауэ» федеральнэ закон №681101-7-м и проектымрэ «Мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм къат хъерым къэрал кIэлъыплъыныгъэ иIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ.

Куба къуажэм хуокIуэ

«Шынагъуэншэ фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэхэм щы­щыIэ автомобиль гъуэгухэр мардэм къигъэтIэсэ-нырщ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­-жьы­гъэшхуэ щызэфIах.

Уи дуней тетыкIэм дропагэ

Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и ­пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.
ДЫХУЕЙЩ а хъыджэбз губзыгъэм, хьэл-щэн дахэ зыхэлъым и махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуу, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэдгъэзэну:

Лъэужь дахэ къызэринэкIащ

ЦIыху куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ Аруан къуажэм и Бзылъ­хугъэхэм я зэгухьэныгъэм и гуа­щэ Къардэн Маринэ Му­хьэ­мэд и пхъур игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар. ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, сыт хуэдэ Iуэ­хуми хуэжыджэр, ицIыхухэм яхуэ­гумащIэ, имыцIыхухэми яхуэбзэIэфI Маринэ гъащIэ мащIэу къыщIэкIащ.

КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Налшык и гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым, къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам зыщиплъыхьащ республикэм и къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм, гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым щыгъуазэ зищIащ.

Лэжьыгъэр зэпыуакъым

Бахъсэн районым щыпсэухэр илъэхъэфакъым дуней псор зэ­щIэзыщта уз зэрыцIалэм и зэранкIэ унэм укъыщIэкI зэрымыхъум. ЩIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, щIалэгъуалэм я Iуэхумрэ спортымкIэ и къудамэхэм хъыбар къы­зэрыдагъащIэмкIэ, ахэр къуажэхэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм ядолажьэ интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр УхуакIуэ колледжыр

ГъащIэм къыщысэбэпыну IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэр «УхуакIуэ» колледжыр. ЕджапIэм щагъэхьэзыр цIыхубэ хозяйствэм и IэнатIэ куэдыр зыхуэныкъуэ, зэманым къигъэув мардэхэм тещIыхьауэ лэжьэфыну IэщIагъэлI­хэр.

Адыгагъэр я Iэпэгъуу щIэныгъэ лъагъуэр хэзышхэр

Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэ­хуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым.

Урысейм и хабзэубзыхухэм я зэIущIэм

УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Фёдоров Николайрэ Къэрал Думэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Яровая Иринэрэ видеоконференц жыпхъэм иту ирагъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Хабзэубзыхухэм я советым и президиумым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысей Федерацэм и Хабзэубзыхухэм я советым Социальнэ поли­тикэмкIэ и комиссэм щыщ Егоровэ Татьянэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыIущIащ УФ-м юстицэмкIэ и министрым и къуэдзэ Алханов Алий

Бадзэуэгъуэм и 16-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ Уры­сей Федерацэм юстицэмкIэ и ми­нистрым и къуэдзэ Алханов Алий.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке