|
|
Статьи на кабардинском языке
27 мая, 2021 - 07:02
ЩыцIыкIум щегъэжьауэ щIэблэм егъэцIыхун хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр. Абы Iэмал иIэщ: и ныбжьым хуэгъэза тхыгъэхэм укъыхуеджэурэ, хуэщIэн хуэдизкIэ лъэпкъ Iуэхум хэбгъэхьэурэ.
27 мая, 2021 - 06:58
- Уи псэлъэкIэр зэхэзыха дэтхэнэ зым и дежкIи наIуэщ адыгэбзэ къабзэ зэрыпIурылъыр, Хьэутий. Адыгэгу зэрыпкIуэцIылъми адыгэпсэ зэрыпIутми шэч хэлъкъым. Сыт абыхэм я къежьапIэр?
27 мая, 2021 - 06:49
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек накъыгъэм и 25-м иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэр.
Зэхуэсым щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным теухуауэ 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэфIагъэкIахэр икIи зыхуагъэувыжахэм ящыщу дызэрыт илъэсым и япэ мазэхэм зрагъэхъулIахэр.
26 мая, 2021 - 11:00
Ди газетым зэрытетащи, накъыгъэм и 18-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» фIэщыгъэм щIэт дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща а Iуэху щхьэ-пэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэздэгу къикIа лIыкIуэхэр.
26 мая, 2021 - 10:56
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 11-нэ классыр къыщызыуха ныбжьыщIэ мини 4-м щIигъум я иужьрей уэзджынэр накъыгъэм и 22-м кърагъэуащ. А Iуэхур Iэтауэ зыгъэлъэпIахэм ящыщщ Налшык къалэм дэт курыт школ №33-р.
КъызэIуахагъащIэ курыт еджапIэм (2020 гъэм и фокIадэм) иужьрей уэзджынэр иджы япэу къыщызууауэ аращ. Абы къыщIигъэкIащ класси 3 - псори зэхэту щIалэгъуалэ 68-рэ щеджэу.
26 мая, 2021 - 10:54
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэхэр терроризмэм зэрыщахъумэр егъэфIэкIуэным, щIалэгъуалэм залымыгъэ Iуэхухэр щалэжь къэмыгъэхъуным.
26 мая, 2021 - 07:03
«Дэ коммерческэ щIыхуэхэр къэтщтэн ддакъым икIи апхуэдэ щIыхуэхэр ттелъкъым», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым и пащхьэ къыщыщыпсалъэм.
26 мая, 2021 - 07:00
Альпинизм Дунейпсо рекордым йофIэкI «RedFox Team» командэм щыщ спортсмен Кравченкэ Еленэ «Километр задэ» псынщIэу бгым дэкIынымкIэ дунейпсо рекорд игъэуващ. Иркутск щыщ пщащэм Iуащхьэмахуэ метр 2450-м къыщыщIэдзауэ метр 3450-м нэс дакъикъэ 48-рэ секунд 31-кIэ дэкIащ. Иджы еханэу Кравченкэ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм щытокIуэ.
25 мая, 2021 - 08:46
«Урысей щIалэгъуалэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэ проектхэмкIэ дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм къыхилъхьэу иригъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуащ икIи «Спортыр, узыншагъэр хъумэнымрэ хьэл мыхъумыщIэхэм зыщы-дзеинымрэ, туризмыр» унэтIыныгъэмкIэ и грантри къихьэхуащ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым.
25 мая, 2021 - 08:42
Адыгэм ди ЩыгъуэщIэж махуэм псэкIэ зэпещIэ дуней псом щикъухьа лъэпкъыр. Тхыдэм зыхудогъэзэж, ди щхьэ кърикIуам догупсысыж, ИстамбылакIуэм и гуауэр зыхыдощIэ.
Страницы
|