|
|
Статьи на кабардинском языке
3 августа, 2021 - 06:50
ДэнэкIи хуэдэу, Бахъсэн районым хыхьэ курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм я бжэхэр фокIадэм и 1-м къыхузэIуахыжы-нущ щIыналъэм и ныбжьыщIэ-хэм. Ахэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр мы махуэхэм къапщытэ а Iуэхугъуэм къыхузэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэм.
3 августа, 2021 - 06:46
Японием щызэхэт XXXII Гъэмахуэ олимпиадэр зэрекIуэкIым, Урысейм икIахэм абы щаIэ ехъулIэныгъэхэм, ди лъэп-къэгъу-лъахэгъухэм спорт зэхьэзэхуэхэм я нэхъ лъагэм щадэтлъагъухэм адэкIэ щыгъуазэ зыдощI.
3 августа, 2021 - 06:42
ШыщхьэуIум и 1-м щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур.
2 августа, 2021 - 07:06
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр бадзэуэгъуэм и 29-м Пятигорск къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.
2 августа, 2021 - 07:06
Мелуаниблым зэрынэхьэсу къалъытэ адыгэ лъэпкъыр нобэ къэрал 50-м щIигъум щопсэу. Илъэси 150-м щIигъуауэ нэгъуэщIхэм яхэс ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Iэмалрэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэ я бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэным. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яхузэфIэкIащ лъэпкъ зэхэщIыкIыр ямыгъэкIуэдыну, къащIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъыр ящIэу къагъэхъуну.
2 августа, 2021 - 07:05
«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэжьакIуэхэмрэ республикэм къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным.
1 августа, 2021 - 12:17
ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэр гъунэншэщ. Абыхэм зыщыбгъэгъуазэу ухуежьэмэ, ди хъуреягъкIэ телъыджэ куэд зэрыщыIэр хьэкъ пщохъу. Псалъэм папщIэ, уафэм вагъуэу итыр щIым пшахъуэ налъэу телъым нэхърэ зэрынэхъыбэр гъэщIэгъуэнкъэ?! Мыхэри телъыджэкъэ? ♦Сыбырым щыIэ Байкал гуэлыр дунейм щынэхъ куу дыдэщ.
1 августа, 2021 - 09:22
Дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыныгъэр къызэралъытэр абы унагъуэмрэ сабийхэмрэ щагъуэт гулъытэм и лъагагъыращ. УФ-м и унафэщIхэр сыт хуэдэ лъэхъэни хущIокъу бын зыпI унагъуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну, мылъкукIэ зыщIагъэкъуэну. Абы и щапхъэщ иужьрейуэ къыдэкIа апхуэдэ унафэр.
31 июля, 2021 - 11:02
Адыгэ республикэм щапхъэ пщIыну щхьэпэ Iуэхушхуэ къыщаIэтащ. Адыгейм щыIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и мурадщ КъэкIыгъэхэм я генофондыр хъумэнымкIэ урысейпсо институтым гуэту адыгэ кхъужьей лIэужьыгъуэ къэс паспорт хуагъэхьэзырыну.
31 июля, 2021 - 08:19
Къэзан и «Ак Барс» IэпщэрызауэмкIэ уардэунэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ ныбжьыщIэхэм Европэм и чемпионат. Абы къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъу Апхуд Тимир.
Балигъхэм къищынэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэси 10 - 11, 12 - 14, 15 - 17 хъухэр зэщхьэщыхауэ зэхьэзэхуащ. Къэрал 28-м къикIат спортсмен 600-м щIигъу.
Страницы
|