Статьи на кабардинском языке

Лэжьыгъэр щызэпыуркъым

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэр зэпымыууэ щекIуэ­кIыу зы щIэныгъэ лъэщапIэ гъэщIэ­гъуэн иIэщ - щIыуэпсым и музейм геологие хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр. Къы­зэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и къэхутэныгъэхэм щIэупщIэ яIэщ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ.

Бэву къыщрахьэлIэж

«Зелёная компания» ООО мэкъумэш IэнатIэу Кременчуг-Константиновкэ, ­Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) къуажэхэм щылажьэм губгъуэ хьэсэхэм джэш­хъурейр (горох) бэву къыщрахьэлIэ-жащ. Мы махуэхэм ирихьэлIэу гектар 500-м щIигъу Iуахыжати, абы тонн мини 2,3-м нэблагъэ къытрахащ. Гектарым къытекIар, ику иту, центнер 45-м нызэрохьэс. КърахьэлIэжам и нэхъыбапIэр консерв заводхэм яшащ.

ЩIэтIысхьэгъуэм и гуащIэгъуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетыр зэ­рыщIагъэтIысхьэ Iуэху­гъуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрыхыхьэрэ мазищ дэ­кIащ. Мэкъуауэ­гъуэм и 12-р зэрыщIэ­тIысхьэ тхылъхэм я къе­Iы­хыным и иужьрей махуэу щыта пэтми, абыхэм хэп­лъэныр, зэхэдзыныр, тхы­лъымпIэхэм я зэхэзе­кIуэм кIэлъыплъыныр иджы­ри увыIакъым, уеб­лэмэ лэ­жьыгъэ нэхъыбэ пыщIащ.

Ди къуэш республикэхэм

КъумпIылым вакцинэр зыхрегъалъхьэ
АДЫГЕЙ. Республикэм и Iэтащхьэ ­КъумпIыл Мурат коронавирусым зэры­зыщахъумэ вакцинэр зыхригъэлъ­хьащ. Абы жиIащ ар уз зэрыцIалэм зэры­пэщIэт Iэмал нэхъыщхьэу икIи шына­гъуэншэу къызэрилъытэр, узыфэр къэувыIэнымкIэ зэрыхэкIыпIэфIыр.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэ­гъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зы­щы­хъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм.

ЩIэныгъэлIхэр Лъагъуэнакъэ къыщхьэщож

Урысейм щыщ щIэныгъэлIи 120-м Президент Путин Владимир «Тхыгъэ зэIуха» хуагъэхьащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Лъагъуэнакъэ та­фэм щрагъэкIуэкIыну я ­мурад ухуэныгъэхэр и нэIэ щIигъэувэну елъэIуу.

ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа ухуэныгъэ

Дахагъэмрэ къабзагъэмрэ лъэп­къым, цIыхум я щэнхабзэм щыщ зы Iыхьэ инщ. Ар къыдгурыIуэу, дунеймрэ щIыуэпсымрэ пщIэ яхуэт­щIу, цIыху IэрыкIым дыхуэсакъыу дып­сэуныр дэтхэнэми ди къалэнщ.

ЦIыхухэм я узыншагъэм зэрыкIэлъыплъыр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Парламентым «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу щытепсэлъыхьащ онкологие дэIэпыкъуныгъэр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщ Iэмалхэр зэрырагъэфIакIуэм.

Чемпионыр кърагъэблэгъэж

БэнэкIэ хуит
«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Германием и Дортмунд къалэм щекIуэкIа бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я Европэ зэхьэзэхуэм щытекIуа Къылшыкъуэ Ислъам. Ар ягъэлъэпIэну къызэхуэсат КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унафэщIхэр, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

Зы зэхьэзэхуэм адрейр къыкIэлъокIуэ

Атлетикэ псынщIэ
Венгрием и Секешвехервар къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Дьюлаи Иштван и фэеплъ лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ иужьу Доха щызэхэта Дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къыщызыхьа Акименкэ Михаил.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке